ЦIыхухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтей Iуэхухэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыналъэм и Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ и центрым и эфир занщIэм къыщыпсэлъащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий икIи цIыхухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтей Iуэхухэм ехьэлIауэ я упщIэхэм жэуапхэр яритыжащ. Абыхэм я нэхъыбэр зыщIэупщIар жылэхэр псыкIэ зэпымыууэ къызэгъэпэщынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэрат.

Хъущт Аслъэнбий жиIащ Тэрч районым щыпсэухэр зэфэн псыкIэ «Тэрч водоканал», «КВ» муниципальнэ IуэхущIапIэхэм къызэрызэрагъэпэщыр. Япэм къуажэ 12 къызэщIеубыдэ, Тэрч къалэри хэту, етIуанэм – Курп щIыпIэм хыхьэ къуажищрэ Акъбащ Ипщэмрэ.

«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ Терекскэ къуажэм псы зрикIуэ и бжьамийхэр мы гъэм къагъэщIэрэщIэжынущ. Абы нэмыщI, Тэрч къалэм и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыпIэм, гъущI гъуэгум адэкIэ къыщылъым, бжьамиищIэхэр щаукъуэдиинущ, Курп щIыпIэмрэ Инарыкъуей къуажэмрэ псыкIэ къызэзыгъэпэщ насос станцыр къагъэщIэрэщIэжынущ.

Арыкъ, Урожайнэ къуажэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я проект дэфтэрхэр нобэкIэ хьэзырщ. ЦIыхухэр псыкIэ къызэзыгъэпэщ объектхэмрэ псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш системэхэмрэ ухуэным е къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэм ахэр хагъэхьэным и Iуэху зэрахуэ.

Сабий садхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ зэгъэпэщыжынымрэ гъэ еджэгъуэщIэм ахэр хуэгъэхьэзырынымрэ ехьэлIауэ екIуэкI лэжьыгъэхэм щIэупщIащ районым щыпсэухэр. Хъущт Аслъэнбий жиIащ «Зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмысахэм щадэлажьэ IуэхущIапIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэфIэкIуэн» щIыналъэ пэхуэщIэр районым зэрыщагъэзащIэр, абы ипкъ иткIи сабий сад 13-м щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я проект-сметэ дэфтэрхэр зэрыхьэзырыр. 2026 гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №3-м епха сабий садыр.

«Егъэджэныгъэм и школ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2022 - 2023 гъэхэм курыт еджапIэу 12-р зыхуей хуагъэзащ. 2026 гъэм Новая Балкария къуажэм, Тэрч къалэм, Тамбовскэ жылэм дэт еджапIэхэм елэжьын щIадзэнущ. 2027 гъэм зэрагъэпэщыжынущ Курп Ипщэмрэ Акъбащ Ипщэмрэ я курыт еджапIэхэр. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч къалэм и хьэблэщIэм тIысыпIэ 800 иIэу школыщIэ щаухуэ.

Районым щыпсэухэр щIэупщIащ къуажэ уэрамхэм я щытыкIэхэр зыхуэдэм икIи ахэр егъэфIэкIуэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщIым жиIащ муниципалитетым и гъуэгухэм ящыщу къиуда зиIэ щIыпIэхэр зэрагъэбыдэжар, гъэ еджэгъуэщIэм щIимыдзэж щIыкIэ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ пэгъунэгъуу светофори 6 зэрагъэувынур. Абыхэм къадэкIуэу, Тэрч къалэм и Къэбэрдей уэрамыр, школым ухуэзышэр, зэIузэпэщ ящI.

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ.