Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр зэIуощIэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу зауэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ хэ­кIуэдахэм шахматымкIэ я фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ СВО-м и ветеранхэмрэ зи узыншагъэм сэ­къат иIэхэмрэ. Ар къызэрагъэпэщащ ­республикэм и ветеран зэгухьэныгъэхэм я жэрдэмщIакIуэхэм.

Зэпеуэм щытекIуащ ГъукIапщэ Юрэ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къахьащ Къалмыкъ Русланрэ Бырсекъуэ Замиррэ. ТекIуахэм иратащ медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр.
Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр гъэ­лъэпIэным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа Iуэху­хэр жыджэру зэрыдаIыгъам щхьэ­кIэ Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI КIагуэ Валерэ, художественнэ унафэщI ДыщэкI Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми фIыщIэ тхылъхэр иратащ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2025 гъэм и бадзэуэгъуэм щегъэжьауэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэ­щIэ­хэмкIэ и министерствэм ирата субси­диемкIэ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм ныкъуэдыкъуагъэ хэзыхахэм я «ВоИн» зэгухьэныгъэм «Дыдейхэр утыку къиднэркъым-2.0» социальнэ пэхуэщIэр егъэзащIэ. Ар хуэунэтIащ ветеранхэр ма­мыр псэукIэм къыхэшэжыным, я дэрэжэгъуэмрэ гукъэдэжымрэ нобэрей зэхьэзэхуэхэм хуэдэхэмкIэ, Iуэхугъуэ щхьэпэхэмкIэ къэIэтыным, зауэ зэпэ­щIэувэныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэхэр зэгъэуIуным. 
ПэхуэщIэм и унафэщIхэр КъБР-м и Парламентым и депутат, «ВоИн» щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Тхьэгъэ­лэдж Тимуррэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм физкультурэмрэ спортымкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ политикэмкIэ и комиссэм хэт, щIыпIэ «ВоИн»-м и унафэщIым и къуэдзэ Га­лушкэ Михаилрэщ.  

НАУРЫЗЫКЪУЭ Мысост.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ

12.08.2026 - 09:08

Совет зэманым траха фильмхэр

Налшык щыIэ Къэбэрдей уэрамым и лъэс зе­кIуапIэм щагъэлъагъуэ выставкэ гъэщIэгъуэн. Совет зэманым траха кинохэм ятеухуа гъэ­л­ъэгъуэныгъэм сурэт 70-м щIигъу къызэ­щIеубыдэ. 

11.08.2026 - 14:52

Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ.

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ.