Гъэсыныпхъэр я лъапсэхэм хурашалIэ

Газыр здынэмыса унэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ 2021 гъэм щегъэжьауэ. Абы лъандэрэ унагъуэ 3900-м газыр я псэупIэхэм хурашэ­лIащ икIи абыхэм ящыщу унагъуэ 2800-м ар къагъэсэбэп. Къыхэгъэщыпхъэщ мы программэр гъэ­зэ­щIэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм зэращыщыр.

Газыр здынэмыса унэхэм ар хурашэлIэн папщIэ къэралым и щIыналъэ 55-м сом зы мелард хуаутIыпщынущ. ­Льготэ зиIэхэм программэм хиубыдэу субсидиеу сом мини 100 зырыз иратынущ, газым пыщIа Iэмэпсымэхэр къращэхуну, бжьамийхэм ирыпадзэну, н.къ. папщIэ.
Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зратынухэм хеубыдэ унагъуэ бы­ныфIэхэр, хуэмыщIауэ псэухэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, СВО-м и ветеранхэр, абыхэм я унагъуэхэр, ны­къуэдыкъуагъэкIэ 1-нэ гупым хыхьэхэр, сабий ныкъуэды­къуэхэр зезыхьэхэр, Хэку ­зауэшхуэм и ветеранхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, газыр здынэмыса псэупIэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ льготэ зиIэхэм газ оборудованэхэр къызэращэхуамрэ я псэупIэхэм газыр ешэлIэным трагъэкIуэдамрэ субсидиеу иратыж 2023 гъэм къыщы­щIэдзауэ. Абы нэмыщI, программэм цIыхухэм Iэмал ярет а гъэсыныпхъэмкIэ къызэгъэпэща къуажэхэм е дачэ щIы­пIэхэм щIэуэ щаухуа унэхэм я бжэIупэхэм нэс ар пщIэншэу хуашэну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.

18.07.2026 - 13:25

ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ къэралым и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъэм и

18.07.2026 - 09:03

Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026 - 09:03

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.