Туристхэр къызэрыдахьэх Iэмалхэр

ПсынщIэу зэпкъ­рыпл­ъ­хьэ-зэпкърыпхыж, бгъэIэпхъуэ хъу «модульнэ» хьэ­щIэщ­хэм хуэдэхэр ухуэным хуэунэтIа инвестицэ пэ­хуэщIэхэр ягъэзэщIэн щхьэ­кIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу 2025-2027 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 739,1-рэ къы­хуаутIыпщынущ. Ди деж ­къакIуэ туристхэм я бжыгъэм хэгъэхъуа хъуным ари и зы Iэмалщ, жаIащ экспертхэм.
 
Къыхэдгъэщынщи,­ УФ-м и турист IэнатIэр ира­гъэ­фIэкIуэн щхьэкIэ ахъшэ нэхъыбэ зыхуаутIыпщыну щIы­налъи 10-м ди республикэр яхыхьащ. Абы ехьэлIауэ лажьэ программэм ипкъ ит­кIэ, субсидиеу псори зэ­хэту сом мелард 15 къэралым и щIыналъэ 55-м трагуэшэнущ. Гугъэ щыIэщ апхуэдэ щIы­кIэкIэ хьэщIэщхэм гъуэ­лъыпIэ мини 10-м щIигъу зыщIэхуэн иджыри къащыхузэгъэпэщыну. 
Унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Мишус­тин Михаил.
Субсидиер зратыну щIы­на­лъэхэр къызэрыхах зэхьэ­зэхуэр езыгъэкIуэкIар, инвестицэ пэхуэщIэхэм хэп­лъар Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэрщ. Абы зэ­рыщыжаIамкIэ, къэрал дэ­Iэ­пыкъуныгъэм кърикIуэу капитальнэ ухуэныгъэу щымыт «модульнэ» хьэщIэщхэр къэ­щэхунымрэ ахэр щагъэувкIэ трагъэкIуэдэнумрэ и Iыхьэ гуэрхэр хьэрычэтыщIэхэм ира­тыжынущ е ахъшэкIэ абыхэм зыщIагъэкъуэнущ. 
Зи гугъу тщIы лэжьыгъэ­хэр ирагъэкIуэкI «Туриз-­                                     мэ­м­рэ­ хьэщIагъэмрэ» ­лъэп­къ­ пэхуэщIэщIэм хыхьэ «ХьэщIэщхэм я пэш бжыгъэм хэгъэхъуэн, инфраструк­турэм зегъэужьын, цIыхухэр дэзыхьэх щIыпIэхэр къызэгъэпэщын» къэрал пэ­хуэ­щIэм ипкъ иткIэ.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым иджы иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ иужьрей илъэсищым къриубыдэу а Iуэхухэм щхьэкIэ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 65-м сом мелард 20 зэрыратар, абы и фIыгъэкIи, гъуэлъыпIэу мин I3-м щIигъукIэ нэхъыбэ хьэщIэщхэм яIэ зэрыхъуар. 
«Мыпхуэдэ пэхуэщIэхэр гъэ­зэщIэным хухаха пIалъэм фIамыгъэкIыу, фIагъ­ лъагэ яIэу лэжьыгъэ­хэр ирагъэкIуэкIыныр, иджы­рей мардэм къитIасэу ахэр щытыныр, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншы­пIэмрэ къызэгъэпэщыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ», - къыхигъэщащ Мишустин Михаил. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2026 - 16:45

Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ

Дау Марианнэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ

17.04.2026 - 09:03

Зэныбжьэгъугъэр къафэкIэ ягъэбыдэ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 11-м щызэхуащIыжащ «Iуа­щ­хьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр» лъэпкъхэм зэдай IуэрыIуатэ фес­ти­ва­лыр­.

17.04.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэщIагъэхэр

«Гъуазджэ хъуа IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэ гъэ­лъэгъуэныгъэр иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къэ­рэшей-Шэрджэс Республикэм.

16.04.2026 - 09:55

Ди цIыхухэм сыт щыгъуи узэхахынущ икIи уакъыгурыIуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэхэр къы­щы­зэщIа­къуэжа зэхуэ­сым.

16.04.2026 - 09:54

Дагъыстэным хурагъашэ

Гъунэгъу ресублэкэм псыдзэм щызэхикъута и щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъу­хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.