ЩIыналъэхэм я зэпеуэм макIуэ![]() «ЩIыналъэхэм я зэхэуэ-2025» фIэщыгъэр зэрихьэу футболымкIэ къызэрыхах зэхьэзэхуэ Шэджэм районым щекIуэкIащ. Илъэс ещанэ хъуауэ ар къызэрагъэпэщ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м щыщу футболым дихьэххэм я лигэмрэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэр командибл хъурт икIи абыхэм ящыщу «Шэджэм» топджэгу гупыр кIэух зэIущIэм икIащ икIи Iэмал иIэ хъуащ мы гъэм шыщхьэуIум и 30 - 31-хэм Налшык къалэм щекIуэкIыну республикэ зэпеуэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









