Зы мащIэщ яхуримыкъужар

«Спартак-Налшык» (Нал­шык) - «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) - 1:1 (0:0). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. Шы­щхьэуIум и 2-м. ЦIыху 350-рэ еплъащ. 
Судьяхэр: Газиев (Кисловодск), Бирюков (Дон Iус Ростов), Борисов (Москва). 
«Спартак-Налшык»: Кар­каев, Кенжев (Хьэшыр, 74), Балъкъыз, Гъуэгузо­къуэ, Пириев, КIэдыкIуей, Блий, Пекъу, Дзыгул (Ку­мыщ, 74), Лысенкэ, ЛIуп (КIэщт, 54). 
«Кубань-Холдинг»: Стенякин, Гречкин, Захаров, Дашаев (Гараев, 69), Михайлов (Смирнов, 78), Карташов, Уэрэзей (Тагиев, 69), Переверзев (Сапожников, 46), Фадеев, Попов (Веселовский, 69), Дмитриев.
Топхэр дагъэкIащ: КIэщтым, 64 (1:0). Сапожниковым, 81 (1:1). 
Дагъуэ къыхуащIащ: Гречкиным, Пекъум, По­повым, Уэрэзейм, КIэщ­тым, КIэдыкIуейм, Дзыгу­лым, Блийм.
Джэгум къыхахуащ: КIэщтыр (82-нэ дакъикъэм). 

Павловскэм щыщ «Кубань-Холдинг»-р Налшык къэкIуат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэ­зэхуэм щыпашэ «Дина­мо-Ставрополь»-р хигъэщIарэ езыр ещанэ увыпIэм нэс турнир таблицэм къы­щы­дэкIуэтеяуэ. Тхьэмахуэ ипэ­кIэ Сочэ къикIахэм ща­дэджэгуам и кIэухым «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм лъэщу зыкъызэрызэкъуахами гу­гъэфI­хэр дигъэщIырт. А IуэхугъуитIыр зэрызэхыхьэжам икъукIэ зэIущIэ хьэ­лэмэт къытпигъаплъэрт. 
Гугъэхэм дыкъагъэпцIакъым. Джэгум зэрыщIи­дзэу налшыкдэсхэр къа­руушхуэкIэ ебгъэрыкIуэу хуежьащ. Абыхэм загъэ­хьэ­зыртэкъым я хьэрхуэ­рэгъухэм зыкIи къапикIуэтыну. Уеблэмэ, щIэх-щIэхыурэ къыпщыхъурт зэ­хьэзэхуэм щыпашэхэм яхэтыр ди щIалэхэрауэ, ­къапэщIэтыр апхуэдизкIэ хагъэзыхьырти. 
Апуэдэу щыт пэтми, «Спар­так-Налшыкым» бжы­гъэр къыщызэIуихыфар сыхьэтым щIигъукIэ ныкъуэкъуа иужькIэщ. Джэ­гупIэ губгъуэм къы­зэрихьэрэ куэд мыщIа ­КIэщт Анзор къыдэджэгу­хэм и закъуэу «Кубань-Холдинг»-м и гъуэм хуэкIуэну Iэмал иратащ. Къы­пэщIэува Дашаев Аслъэн (зэгуэрым ехъулIэныгъэхэр иIэу ди командэм хэтар), цIантхъуэри джэлати, адэ­кIэ ди гъуащхьауэм къы­хуэнэжыр гъуащхьэтетым ефIэкIынырт. Ар Анзор ­къехъулIащ. 
Зыкъом щIауэ дызы­пэп­лъа текIуэныгъэр тIэщIихащ хьэщIэхэм я гъуащ­хьауэ Сапожников Ионафан. 81-нэ дакъикъэм ар мылъэщ дыдэу, ауэ хуэзэу зэуа топым къригъэгъэ­зэфакъым а махуэм ди ­гъуэр зыхъума Каркаев ­Хъусей. 
ТекIуэныгъэр зэраIэ­щIэ­кIым ди щIалэхэр хуабжьу игъэгубжьащ. Армырамэ, дауэ къызэрыбгурыIуэнур ебгъэрыкIуэ КIэщтым «Кубань-Холдинг»-м и гъуэм пэмыжыжьэу хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зы футбол хабзэм къемы­зэгъыу зэрыриудар. Кис­ловодск щыщ Газиев Ис­лъам абы дагъуэ хуищIащ икIи, мы зэIущIэм ар щы­етIуанэу къыщIэкIри, джэгум къыхихуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ КIэщт Анзор сыт и лъэныкъуэкIи а махуэм гулъытэ игъуэтащ: дагъуэ къыхуащIащ, топ дигъэ­кIащ, джэгум къыхахуащ. 
Арати, икъукIэ зыпэгъу­нэгъуа текIуэныгъэм аргуэру «Спартак-Налшы­кыр» хэкIыжащ. Абы щы­гъуэми топджэгум еп­лъахэм икъукIэ ягу ири­хьащ ди щIалэхэр тегушхуауэ утыку зэритам. Абы тетмэ, ехъулIэныгъэ­хэри зэрыщыIэнум шэч хэлъкъым. 
АдэкIэ щыгъуазэ фы­хуэтщIынщ Урысей Фе­дерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» диви­зионым и Япэ гупым щэ­бэтым щекIуэкIа зэIущIэ псоми къарикIуа бжыгъэхэм: «Динамо-2» (Мэхъэчкъалэ) - «Динамо Ставрополь» (Ставрополь) - 0:2, «Победа» (Хасавюрт) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 1:0, «Нарт» (Черкесск) - «Рубин» (Ялтэ) - 2:0, «Сочи-2» (Сочэ) - «Легион» (Мэхъэчкъалэ) - 2:2, «Севастополь» (Севастополь) - «Ангушт» (Нэзрэн) - 2:0, «Дружба» (Мей­-къуапэ) - «Астрахань» (Астрахань) - 1:1. 
ШыщхьэуIум и 9-м къы­кIэлъыкIуэ джэгугъуэр зэ­хэтынущ. А махуэм «Спартак-Налшыкыр» Хасавюрт къалэм щыIущIэнущ зэ­хьэзэхуэм пашэныгъэр щы­зыIыгъ «Победа»-м. 
Хьэтау  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.