ЩIэныгъэ Iэмалхэм зрагъэубгъу

Къыпхуагъэфащэ лъагапIэхэр зыIэрыбгъэхьа ехъулIэныгъэхэм я шэсыпIэщ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс зыбжанэ хъуауэ лъэныкъуэ куэдкIэ и зэфIэкIхэр егъэлъагъуэ, щIэтIысхьэхэм ябгъэдилъхьэ щIэныгъэм и мызакъуэу, гъащIэм къазэрыщыхуэсэбэпын есэныгъэхэри ярегъэгъуэт. Апхуэдэу зэрылажьэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ программэр дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зэрапэджэжыр къалъытэкIэрэ, КъБКъУ-р зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхожаныкI, уеблэмэ пашэныгъэри щеубыд. Иджыблагъэ иджыри зы хъыбар щIагъуэ къэIуащ: КъБКъУ-р Baikal-GVD зэгухьэныгъэм хыхьащ, а щIыкIэм тетуи нейтринэ пкъыгъуэхэм я астрофизикэмкIэ дуней псом щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм хыхьащ.
Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ КъБКъУ-м зыбжанэ щIауэ Байкал псыхъурейм и лъащIэм щыIэ телескопымкIэ къэхутэныгъэхэр ирегъэкIуэкI. Мы Iэмэпсымэм и фIыгъэкIэ къэхутакIуэхэмрэ щIэныгъэрылажьэхэмрэ уахэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр куууэ ядж, вагъуэ зэхэтхэм я къэхъукIэмрэ зыужьыкIэмрэ, фIыцIагъэхэр («черная дыра») зэрызэхыхьэр, пкъахуэхэм я псынщIагъыр къызыхэкIыр нэхъыфIу зэрагъащIэ.
Байкал телескопыр GNN-кIэ зэджэ Нейтринэ пкъыгъуэхэр джынымкIэ дунейпсо хъым и зы Iыхьэщ, ЩIы хъурейм и Ищхъэрэ Iыхьэм къыщекIуэкI щIыуэпс Iуэхугъуэхэр зыхуэдэр зэгъэщIэным и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. КъБКъУ-м иригъэкIуэкI IуэхугъуэхэмкIэ жэуап ихьу, ахэр утыку ирихьэу зэгухьэныгъэм хэтынур еджапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэщ. Абы дэIэпыкъуэгъуу иIэнущ «Астрофизикэмрэ уахэ бзийхэм я физикэмкIэ» лъэщапIэм и къэхутакIуэ Вересниковэ Аннэрэ Ахматов Зейтунрэ.
– КъБКъУ-р дуней псом щынэхъ ин дыдэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэм зэрыхыхьам къегъэлъагъуэ абы астрофизикэмрэ уахэ бзийхэм я физикэмкIэ щекIуэкI къэхутэныгъэм лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу зэрыщытыр, ди щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм щIыпIэ Iэджэм гулъытэ къызэрыщыхуащIыр. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, ди еджапIэм, нэгъуэщI щIэныгъэ центрхэм ящIыгъуу, зэпымыууэ лэжьыгъэ абрагъуэ ирегъэкIуэкI, и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ зэфIэкIми увыIэгъуэ имыIэу хегъахъуэ. Ди лэжьакIуэхэм яхузэфIэкIащ я зэхэщIыкIрэ гуащIэдэкIкIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэ инхэм дзыхь зыхурагъэщIын, абыхэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ зэхуахьэс щIэныгъэмкIэ ягъэгуэшэн, абыхэм нэгъуэщIынэкIэ хэплъэу гу зылъамыта щIэ гуэрхэр къыхагъуэтэн. ЩIэныгъэ гъэтIылъам и лъэныкъуэ куэд щIэщыгъуэу зэпкъраплъыхьыф ди лэжьакIуэхэм. Абы ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым – абыхэм я зэфIэкIым астрофизикэм ди щIыналъэм зыщригъэужь къудейкъым, атIэ физикэ щIэныгъэм и лъабжьэр зэрыщыту щегъэбыдэ, унэтIыныгъэщIэхэр къыщегъэунэху, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпылъыпIэм щыIэ щIэ гуэрхэр къыщIегъэщ. Baikal-GVD зэгухьэныгъэм щедгъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дэ Iэмал къыдатынущ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр дгъэхьэзырыну, а лэжьыгъэм хуэгъэпса программэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэдгъэувэну, ди еджапIэм и Iуэху щIэкIэм и гъунапкъэхэр зэлъыIудгъэкIуэтыну, ди Iуэху еплIыкIэхэм къеувалIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр къедгъэблагъэу ди ныбжьыщIэхэм къахэтшэну, – жиIащ Алътуд Юрэ.
КъБКъУ-р Baikal-GVD зэгухьэныгъэм зэрыхыхьар, зэрыжытIащи, и щIэныгъэ зэфIэкIхэр лъагапIэ иным хуэзышэ гъуэгущ. Абы апхуэдэу къегъэлъагъуэ Урысейм щыIэ щIэныгъэ центрхэм ящыщу КъБКъУ-м пашэныгъэ зэриIыгъыр, адэкIэ зиужьыну IэмалыфIхэри зэриIэр. Дунейпсо къэхутэныгъэ пэхуэщIэхэм хыхьэ щIэныгъэлIхэм яхузэфIэкIынущ абдеж щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр ди щIыналъэм кърапхыу, абы ифI зыхэлъ Iуэхугъуэ куэд дагъэкIыну.
Байкал псыхъурейм и лъащIэм щыIэ телескопыр Нейтринэ пкъыгъуэхэр джынымкIэ дунейпсо хъымрэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, Атом пкъахуэхэр джынымкIэ институтым, Атом пкъахуэхэр джынымкIэ институт зэхэтхэм я къарукIэ яухуэ. ПэхуэщIэм хэтщ Урысейм и мызакъуэу, Чехием, Словакием, Къэзахъстаным и щIэныгъэлIхэр.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.