Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщри, КъБР-м и Лъэпкъ музейм зэхыхьэ дахэ дыгъуасэ щекIуэкIащ. Абы екIуэлIахэм зыщагъэгъуэзащ ди щэнхабзэм, IэщIагъэм траухуа гъэлъэгъуэныгъэм.
Iуэхур къызэIуахащ Нартан къуажэм щызэхэт уэрыджыIакIуэ гупым. Абыхэм ягъэзэщIащ ИстамбылакIуэмрэ Нартыжь уэрэдымрэ. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс жиIащ лъэпкъ уэрэдыжьхэм адыгэм я псэр зэрыхэлъыр. «Нобэрей Iуэхур Хэкум къэзыгъэзэжахэм ятедухуащи, дыхуейт ди лъэпкъэгъухэм я гур адэжь лъахэм щагъэтIылъауэ къыщIэкIыну, ди япэ итахэм тхуахъума щэнхабзэм пащэну», - къыхигъэщащ Накуэм.
Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. «Нобэ хуэдэ махуэм дыщIохъуэпс къэзыгъэзэжыну гупыж зыщIхэр нэхъыбэ хъуным. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым ди лъэпкъэгъу мини 5-м къагъэзэжащ, ар мин 500, мелуани 5 хъуауи Тхьэм дигъэлъагъу», - жиIащ Сэхъурокъуэм. Абы къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм зэрызыкърагъэхьэлIам папщIэ.
- ЗэрыфщIэщи, адыгэм блэкIа гууз иIэщ, ар дуней псом текъухьа хъуащ. Ауэ ахэр я IуэхущIафэкIэ дэни къыщыхощ, я лъэпкъыпсэр ягъэкIуэдакъым, ящIэж ди хабзэхэр, - пищащ абы. - Дрогушхуэ зыщыпсэу къэралхэм ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыщыIэрагъэхьэми. Дипломат, генерал, спортсмен цIэрыIуэ хъуахэр мащIэкъым, гъащIэм сыткIи къыщыхожаныкI, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуохъу. Дэтхэнэми яжыдоIэ адэжь лъахэм дазэрыщыпэплъэр. ФщIэж къыщIэкIынщ япэу ди лъэпкъэгъухэр Косовэ къыщикIыжар. 1997 гъэм Адыгейм Махуэхьэблэ къуажэр абыхэм щыхуаухуауэ щытащ, нобэ ахэр ефIакIуэу мэпсэу. Ди гуапэ зэрыхъунщи, а лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми куэд къыщетIысэхыжащ. АдэкIи апхуэдэ мурад зыщIхэм ди бжэр яхузэIухащ. Къэзыгъэзэжахэм дывдэIэпыкъуну дыхьэзырщ, фефIэкIуэну, зывужьыну, лъабжьэ быдэ Хэкум щывгъуэтыжыну ди гуапэщ.
Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил къыщыпсалъэм жиIащ лъэпкъ тхыдэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур. «Къэзыгъэзэжахэм я махуэр нобэ «ИстамбылакIуэмкIэ» къызэрыщIадзам мыхьэнэ иIэщ, - къыхигъэщащ нэхъыжьым. - Адыгэм и гъыбзэр лъэпкъ пшыналъэм и лъынтхуэу жыпIэ хъунущ. Нарт эпосыр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм псоми яйуэ жаIэ хабзэщ, ауэ девгъэгупсыс, сыт хуэдиз лъэпкъым яIэ нарт, лIыхъужьыгъэ уэрэдыжьхэр?! Бэдынокъуэ, Мэлычыпхъу сымэ я пшыналъэхэр къэдвгъащти, абыхэм яхэт къэIуэтэкIэмрэ зэгъэпщэныгъэхэмрэ хуэдэ нэгъуэщIхэм я IуэрыIуатэм хэткъым, ахэр пхузэмыдзэкIынщ. ЖысIэнуращи, ди анэдэлъхубзэр зэрытхъумэным иужь дитыпхъэщ. Зи бзэ зымыщIэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щыхупIэм дытету къызолъытэ. ДиIэр тхъумэн хуейщ, пщэдейрейр къэкIуэн щхьэкIэ».
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт жиIащ IуэхущIапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм жыджэру зэрыдэлажьэр, анэдэлъхубзэм зэрыхурагъаджэ дерсхэмрэ ди лъэпкъэгъухэм зыщрагъэгъэпсэху лагерымрэ къызэрызэрагъэпэщыр апхуэдэхэм зэращыщыр. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ бадзэуэгъуэм и 31-м цIыху 60 республикэм къызэрырагъэблэгъам. Гергоковым жиIащ щIызэхуэса Iуэхум и мурад нэхъыщхьэр лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным я мыхьэнэм иджыри зэ гулъытэ хуащIыныр зэрыарар. Абы дыщIигъуащ ди лъэпкъэгъухэр Урысей Федерацэм къэгъэIэпхъуэжыным сэбэп хуэхъунымкIэ къэрал программэ республикэм зэрыщылажьэр.
Зэхыхьэм кърихьэлIат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу Жылэхьэж Имран. Абы къызэхуэсахэм яжриIащ и щхьэгъусэр, и къуэшымрэ и шыпхъумрэ Хэкум къызэрыздишар. «Си унэ сыкъэкIуэжа хуэдэу зыхэсщIащ. Дуней жэнэтым фыщопсэу, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, хьэуам, щIыуэпсым я дахагъэмрэ я IэфIагъымрэ защыдгъэнщIыркъым. Америкэм дыкIуэжа нэужь, си ныбжьэгъухэм куэдрэ сахутопсэлъыхь Урысейм и лъэщагъымрэ и дахагъымрэ», - жиIащ абы.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ Гъыш Жаннети тепсэлъыхьащ Сирием къызэрикIыжам, КъБКъУ-м зэрыщеджам, адэжь лъахэм щыIэ псэукIэм зэрыхэзэгъэжам.
БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.