Кавказыр хуит къэзыщIыжахэр ягу къагъэкIыж![]() Хэку зауэшхуэр щекIуэкIым Кавказыр хуит къэзыщIыжа, а зауэзэрылIым хэкIуэда сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ ягу къагъэкIыжащ Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ. Iуэхур щекIуэкIащ Налшык зыхъумахэмрэ хуит къэзыщIыжахэмрэ я фэеплъым деж. Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэм ТекIуэныгъэ Иныр зыIэрыгъэхьэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIар. - Армэ Плъыжьым хэтхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ я фIыщIэкIэ зэрыпхъуакIуэхэм Iэмал иратакъым Кавказыр къащтэну. Ди щхьэхэр лъахъшэу яхудогъэщхъ хъумакIуэ псоми, гум имыхуж абыхэм я лIыгъэр, а зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр иренэху, - жиIащ полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан. БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










