ФIы зыщIэр фIы хуозэж

Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэми къадэгъуэгурыкIуэ я щэнхабзэм и зы пкъощIэсэщ зыхузэфIэмыкIхэм, дэхуэхахэм, зи Iуэху хуэмыщIахэм, щытыкIэ гугъум ихуахэм ядэIэпыкъуныр, щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ, жызыIа адыгэхэм хэт нэхъри къыгурыIуэрт гъунэгъугъэр зыдигуэшхэр унэгъу пэлъытэ зэрыхъур, абыхэм я гуфIэгъуэри гуауэри ядиIыгъыну хьэкъ зэриIэр, нэхъыщхьэращи, я псэуныгъэрэ щыIэныгъэрэ зытеткIэ нэгъуэщIхэм къраплъ фэр зыкъомкIэ зэрелъытар. Арат хьэблэми Iыхьлыми зи фэ къищ, зи Iуэху зэхуэмыкIуэ къазэрыхэмыкIынум хэти щIыхуэсакъыр.
Лъэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жаIащ адыгэхэм. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм нобэми зэрахьэ нэхъыжьхэм къадекIуэкIа хабзэ дахэхэр, IэщIыб ящIыркъым псапащIэ жэрдэмхэр. Абы и щапхъэщ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ къэрал институтым и студент хасэмрэ «ДызэщIыгъущ» зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэ щIагъуэр.
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ирегъэкIуэкI «ФIым и хъуреягъкIэ» зыфIища псапащIэ жэрдэмыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ а гукъэкIыр Iуэхугъуэ зыбжанэу зэхэтщ. Мызыгъуэгум а жэрдэмыр нэхъыбэу тещIыхьащ щытыкIэ гугъум ихуа бынунагъуэшхуэхэм щыщ сабийхэр щIэтIысхьэжа нэужь, зыхуэныкъуэну Iэмэпсымэхэр, зэреджэну хьэпшыпхэр, ахъшэр зэхуэхьэсыныр. Аращ гъуазджэм зи гъащIэр езыпхыну тезыухуа ныбжьыщIэхэри зыхыхьар.
Къыхэгъэщын хуейщ щытыкIэ гугъум ихуа бынунагъуэшхуэхэм зыщIагъэкъуэну хуейхэм я бжыгъэм махуэ къэс зэрыхэхъуэр, щхьэж хузэфIэкIкIэ сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэпэщу щIрагъэдзэжыным зэрыхуепIэщIэкIыр. ПсапащIэ Iуэхум зихуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ сабийр еджэным къыщигъэсэбэпыну IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, щытыкIэ гугъум ихуа, зауэм и мафIэр зылъэIэса унагъуэхэм защIэгъэкъуэныр. Еджэныгъэм пыщIа Iэмэпсымэхэмрэ тхылъылъэхэмрэ щIалэгъуалэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм иратыжащ, абы ахэр щIыналъэхэм зэбгритыкIыжынурэ, зыхуэфащэхэм лъагъэIэсыжынущ.
– Псапэм лъэпкъыщхьэ иIэкъым, дин гуэрми хэхауэ епхакъым, бзэ щхьэхуэкIи псалъэркъым. Псапэр цIыхугъэм и щылъхущ. Аращ дунейм цIыхуу тетым къагурыIуэ бзэри, динри, хабзэри. Ди адэжьхэм псапэ щащIэкIэ, ар щIащIэм  щIэупщIэртэкъым, атIэ зи Iуэху хуэмыкIуэм и пIэ зрагъэувэрти, яхузэфIэкIынум хуэдизкIэ я мылъку хэIэбэрт, псапэ хатыкIырт. Дэри аращ дызэрыгъуазэр – цIыху дгъэгуфIэнырщ. Пщэдейрей махуэхэм къытпэплъэр зыми ищIэркъым, арыххэуи, фIы зыщIэр фIы хуэзэжынущ. Дэ ди нэгу къыщIэувэр фщIэрэ? Ди сабиигъуэр дигу къыдогъэкIыж, гъэ еджэгъуэщIэр къыщыблагъэкIэ ди адэ-анэхэр пIейтей зэрыхъуу щытар ди нэгу къыщIоувэж – ахэр зытегузэвыхьым дэри дызэщIиубыдэм ещхьу, нэхъ гумащIэ дыкъэхъурт, яхуэтщIэнур дымыщIэми, ди нэхъыжьхэм задэтщIыну дыхущIэкъурт. Апхуэдэ щытыкIэ дыщихуэкIэ, ди адэшхуэ-анэшхуэхэр ди утыкум къихьэрт, ди Iыхьлы гъунэгъухэр ди щIыбагъ къыдэувэрт – щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ дыкъихуапэрт. А махуэр гуфIэгъуэшхуэт, махуэщIт, гугъэгъэгъуэ зыгъуэта ди адэ-анэхэм я нэгум кърих псэхугъуэм дэри дыкъинэщхъыфIэжырт. Ноби апхуэдэу къыщIэкIынщ, ауэ цIыхур зыхуейр нэхъыбэ хъуащ, еджапIэм кIуэхэм къыпагъэтIылъым и бжыгъэм хэхъуащ, а псори унагъуэр зэрыхуейм хуэдэу хузэмыгъэпэщынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым, аращ дэри зымащIэкIэ щIэгъэкъуэн дыхъуныр дыщIигуапэри. Жэрдэмыр къыщыхэтлъхьэми, ар къыддэзымыIыгъа ди ныбжьэгъухэм къахэкIакъым, ари фIыгъуэшхуэщ, – жаIэ институтым и студент хасэм и пашэхэм.
Пэж дыдэу, дызытет дунейм фIым, дахагъэм, псапэм теухуауэ цIыхухэм игъащIэми яIа еплъыкIэхэм зыщихъуэжакъым. Зызыхъуэжыр псэукIэращ, абы узыкIэлъыщIигъэхьэркъым, зэ улъэпэрэпамэ, фIырыфIкIи зыужьыжыгъуэ уригъэхуэжыркъым. Апхуэдэу щыхъум, сыту насып-тIэ гууз-лыуз жыхуаIэр зыщIэ щIалэгъуалэ зэрыдимыIэр, псапэм пылъ фIыгъуэр зищIысыр къызыгурыIуэхэр зэрыдимымащIэр. Студент щIалэгъуалэм къызэхуахьэса тхылъылъэхэм, дэфтэрхэм, тхылъхэм, псалъалъэхэм, зэрытхэ Iэмэпсымэхэм, лапхъэхэм уащыхэплъэкIэ, нэр игъэджылырт, ауэ абы укъигъэгумащIэу нэгъуэщI зы Iуэхугъуи къыхэщырт – а псор зылъэIэсыну анэм и гум игъуэтыжыну псэхугъуэр зэрызыхэпщIэрт.
– КъызэрытщыхъумкIэ, уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжу, уи щхьэр фIыуэ умылъагъуу, нэгъуэщIыр уи щхьэ пхуелъытынукъым, абы и гукъеуи зыхэпщIэнукъым. Аращи, сыт хуэдэ жэрдэмри къызыбгъэдэкIым и щхьэм къыщригъэжьэн хуейщ. «ФIым и хъуреягъкIэ» Iуэху щхьэпэр къызыбгъэдэкIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ зэпамыгъэууэ псапэ щIэным пылъщ, абы хуэныкъуэхэр зэрагъэгуфIэным иужь итщ. Ар долъагъу, зыхыдощIэ, цIыхухэм жаIэри зэхыдох. Арагъэнущ дэри а жэрдэмым дыхыхьэныр игъуэу къыщIэтлъытар, ди гукъэкIыр зыхуэгъэпсахэм зэралъэIэсынум шэч къытедмыхьэжу Iуэхум дыщIыхыхьар, – жаIащ ныбжьыщIэхэм.
Сабийхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт, унагъуэхэм ятелъ хьэлъэ куэд ящхьэщызых «ФIым и хъуреягъкIэ» псапащIэ Iуэхум хэти хыхьэну Iэмал иIэщ. Ар шыщхьэуIум и 3 пщIондэ екIуэкIынущ. Курыт еджапIэм хуагъэхьэзыр сабийхэм ядэIэпыкъуну хуейхэр Налшык къалэм дэт, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет ЩIалэгъуалэм я унэм екIуалIэ хъунущ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2025 - 09:13

Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит.

17.11.2025 - 09:12

Къэбым зэхуишэсахэр

Мы бжьыхьэ махуэхэм Налшык къалэм и НыбжьыщIэ ­театрым и гупэм къит Свободэ жыг хадэ цIыкIур таурыхъым и дуней телъыджэми ярейт. Абы щагъэлъэпIащ къэбым и махуэр.

17.11.2025 - 09:11

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

17.11.2025 - 09:11

Шынагъуэншагъэр къалъытэ

УФ-м къэрал кIуэцI Iуэху­хэм­кIэ и министерствэм ­Тран­­с­пор­тымкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Шмет­ков Виктор КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукI

16.11.2025 - 10:01

Дохутырхэр Мелитополь щыIащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр иджыблагъэ Запорожье областым щыIащ сымаджэхэм еплъыну.