ГукъэкI щIагъуэ

ГуащIэдэкIым зэщIэкIуэ иIэкъым, жызыIа адыгэр псом япэ зэгупсысар, шэч хэмылъу, лъэужь дахэрэ Iэужь щхьэпэрэ къэзыгъэнам и фэеплъыр цIыхухэм IэщIэхуж зэрымыхъунырщ. Ди япэ итахэр тщымыгъупщэныр, я цIэр къиIуэныр ди хабзэм къищтэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм языхэзщ. ЦIыхуфIхэм я лэжьыгъэфIхэр ЩIэх-щIэхыурэ къыдоIэтыж, зи гугъу тщIым елъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIам дроплъэж. Языныкъуэхэр щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлэжьащ, нэгъуэщIхэри егъэджэныгъэм лъэрызехьэу хэтащ, ауэ къахэкIащ къэрал IэнатIэри къызыхуэтыншэу, акъылрэ зэпэшачэрэ хэлъу зезыхьахэри. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ. Къэрал къулыкъущIэ лъэрызехьэу щыта лIыщхьэм и фэеплъу зэхашэну Iуэхугъуэхэм ятеухуат иджыблагъэ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм щекIуэкIа зэIущIэри.
– Зыми шэч къытрихьэркъым ди лъэпкъым игъащIэми къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ дахэр хъумэн, абы къигъэув лъапIэныгъэхэр ди щIэблэм яхэпщэн зэрыхуейм. Ди адэжьхэм къытхуагъэна Адыгэ Хабзэм пщIэ хуащIу, ди лъахэм лъагъуныгъэ хуаIэу, дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшыр лъагэу яIэту ди ныбжьэщIэхэр гъэсэн хуейщ. Ахэращ зыхуэунэтIар зызыхуэдгъэхьэзырыну къытпэщылъ, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм езыр фIэфIу щIэзэуа зауэлIым и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэщ хэгъэгу зэхьэзэхуэхэмрэ шыгъажэмкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ бжьэгъуэ» дунейпсо зэпеуэхэмрэ. ЕкIуэкIа зэIущIэм дэ дыщытепсэлъыхьащ къытпэщылъ зекIуэм и къызэгъэпэщыкIэ хъунум, къэдгъэлъэгъуащ абыкIэ жэуап зыхьыну цIыхухэри, зэпкърытхащ зекIуэм екIуу къетхьэлIэн папщIэ абы хэлъыну лъэпощхьэпохэр къызэрызэднэкIынум. ЗекIуэр Зеикъуэ къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм щыдублэу Iуащхьэмахуэ лъапэ нэдгъэсыну ди гугъэщ. ДяпэкIэ зекIуэмрэ шыгъажэмрэ хэтыну дишхэр абы хуэдгъэзырыну къытпэщылъщ, – жиIащ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим.
Къыхалъхьар гукъэкI щIагъуэщ, абы кърикIуэну фIыгъуэхэм ящыщщ адыгэ щIалэгъуалэр зэрызэкъуигъэувэнур, лъэпкъ щIэжыр къызэрызэщIигъэушэнур, щэнхабзэм и фIыпIэхэр къызэриIэтынур – мурадыр къайхъулIэну ди гуапэщ.

 

БЕСЛЪЭН Берд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.