|
|
Шынагъуэншэ зекIуэ
31 июля, 2025 - 06:03
Гъуэгу техьэ тенэркъым, жаIэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ цIыхур гъуэгу темыхьэми, къыпэплъэнкIэ хъуну лъэпощхьэпохэм егупсысын, зыIууэнкIэ хъуну гугъуехьхэр зэригъэзэхуэн хуейщ. Унагъуэр гъуэгу тезышэр егупсысыпхъэщ абы и шынагъэншагъэр къызэрызэригъэпэщынум, нэщIэбжьэ къыхэмыкIыу щIежьа Iуэхухэр дахэкIэ кърахьэлIа зэрыхъунум. Нэхъыщхьэр зыхуей хуэзэмэ, гъуэгум гугъу уригъэхьыркъым, жаIэри, уздежьам унигъэсынущ, уи Iуэхухэри зэфIигъэкIынущ. Ауэ загъуэрэ къохъу а псор щызэпамышачи. А щыщIэныгъэр гъэзэкIуэжыным хуэунэтIат иджыблагъэ хабзэхъумэхэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къыщыхалъхьа, «Шынагъуэншэ зекIуэ» («Безопасное путешествие») фIэщыгъэр зрата жэрдэмыр.
Гъэмахуэ хъуамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэхэм – Iуащхьэмахуэ лъапэ, Шэджанэ, Шэджэм псыкъелъэхэм – хамэ щIыпIэхэм къикIыурэ зыплъыхьакIуэ цIыхушхуэ къокIуэ. Хэти махуэ бжыгъэщ зэрызиIэжьэр, хэти тхьэмахуэ зыбжанэкIэ щIыпIэхэм къыщонэ. Кавказым хыхьэ щIыналъэхэр зэплъытмэ, ущызекIуэнкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ гъуэгухэр нэхъ тыншу къыщIэкIынщ. ЦIыху къызэрыгуэкIхэм къыхахри аращ – ялъагъури гукъинэж хъууэ, я зекIуэкIэми гугъуехь куэд хэмылъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Дагъыстэным и зы щIыпIэм уикIыу нэгъуэщI щIыпIэ укIуэнумэ, бгы куэщI задэхэм уиту, гъуэгу бгъузэ гъэшыбэхэм утету сыхьэт зыплIытхукIэ укIуэнущ. Абы елъытауэ, ди къуршхэм щызекIуэгъуафIэщ, уздэкIуэми псынщIэу унос. Апхуэдэу щыт пэтми, хамэ щIыпIэ къикIахэм я дежкIэ бгыхэр бгылъэщ, я пIалъэ умыщIэмэ, щIэщхъу къишэнкIэ хъунущ. Аращ нэхъыщхьэу къилъытари, КъБР-м Гъуэгу IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым къыхилъхьа жэрдэмыр диIэыгъыну зыщыхуигъэзам.
Советым хэтхэм «Шынагъуэншэ зекIуэ» жэрдэмым къигъэув Iуэхугъуэхэр игъуэу къилъытащ икIи ар къыхэзылъхьахэм даIыгъащ. Апхуэдэу къулыкъущIапIэми советми хэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм, пыухыкIауэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм къихьэхэм, зыхуагъэзащ гъуэгуанэшхуэ къызэпызыча я машинэхэм яIэнкIэ хъуну ныкъусаныгъэхэм я нэIэ трагъэтыну, иужьрей махуэхэм дунейм иIэ щытыкIэр къалъытэкIэрэ псырэ хущхъуэкIэ мыбэлэрыгъыну, ешауэ е гукъыдэмыжу гъуэгу темыхьэну, здэкIуэ щIыпIэм и гъунэгъуу щыIэ IуэхущIапIэхэр, абдеж къекIуалIэ-бгъэдэкIыж гъуэгухэр зрагъэщIэну зыхуагъэзащ.
Хабзэхъумэхэр гулъытэ хэха хуащIащ гъуэгурыкIуэ ныбжьыщIэхэм я зекIуэм шынагъэу хэлъынкIэ хъунур нэхъ мащIэ щIын зэрыхуейм. Апхуэдэу машинэ зезыхуэхэм ягу къагъэкIыжащ сабийхэм я ныбжьым, хьэлъагъым, лъагагъым елъытауэ здэщыс тIысыпIэр къызэгъэпэщауэ, абы хэлъ кIапсэр япщIыхэлъу зэрыщытыпхъэр. Сабийхэм щхьэхуэу хабзэхъумэхэм къытрагъэзэжурэ зыхуагъэзащ: машинэр къэувыIэу къикIыхункIэ, япщIэхэлъ кIапсэр зрамыхыу зекIуэн зэрыхуейр, щхьэгъубжэр ирамыгъэжэхмэ, машинэр зезыхуэр, псалъэмакъ лей иращIылIэу, гъуэгум трамыгъэщхьэрыукIмэ зэрынэхъыфIыр.
– Ди щIыналъэм цIыху къыщихьэкIэ, ди гуапэщ – хэт хьэщIэр зыфIэмыфIыр. Зэи тщыгъупщэркъым IуэхугъуитI. Дыкъызэралъагъу щIыкIэращ ди лъахэми фэуэ къраплъынур, ар зы лъэныкъуэкIэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIи, къытхыхьахэм дазэрыхуэсакъ щIыкIэращ ахэр етIуанэу ди щIыпIэхэм къизышэжынур. IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жаIэ. Бгылъэм и пIалъэр зыщIэхэм жаIэм уедаIуэрэ къагъэув Iуэхугъуэхэр бгъэзащIэмэ, уи шынагъуэншагъэр къызэбгъэпэщауэ аращи, уи щхьэми уи гъусэхэми я щыIэныгъэм ухуэсакъащ. Дэ къытлъысыр щыIэ хабзэхэм бзэ дахэрэ ущиекIэкIэ цIыхухэр щыдгъэгъуэзэнырщ, ахэр къащтэнуми зыхалъхьэнуми хуитыр езыхэрщ. ДяпэкIи тлъэкI къэдгъэнэнукъым япэу ди щIыналъэм къихьэхэм я зекIуэр нэхъыфI зыщIын чэнджэхэмкIэ дадэгуэшэн, здэкIуэ щIыпIэм елъытауэ щыIэ лъэпощхьэпохэмкIэ дгъэгъуэзэн папщIэ, – жиIащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым хэт Газаевэ Зухра.
ШУРДЫМ Динэ.
|
|
10.09.2026 - 09:19 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь |
|
|
10.09.2026 - 09:14 СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ щокIуэкI. |
|
|
09.09.2026 - 09:03 Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теухуа зэIущIэхэр. |
|
|
08.09.2026 - 09:13 Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы хъуащ. |
|
|
08.09.2026 - 09:12 Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. |
|