Герхожан и щытыкIэм егъэгузавэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ автомобиль гъуэгухэр къэгъэсэбэпыным пы­щIа «Кавказ» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщI Лукашук Александр.

Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар Прохладнэ - Бахъсэн - Iуащхьэмахуэ автомобиль гъуэгум хыхьэу Герхожан псым телъ лъэмыжым и щытыкIэрщ, бадзэуэгъуэм и 21-м щIыналъэм къыщеха ятIэпс псыдзэр абы зэран зэрыхуэ­хъуарщ.
ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лъэмыжыщхьэр текIуэтащ икIи ухуэныгъэр зэрыщыту метр ныкъуэкIэ етIысэхащ.
А лъэмыжым мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ абы кIуэцIрокI Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ жылэхэмрэ турист ухуныгъэхэмрэ зэпызыщIэ гъуэгухэр. Ар икIэщIыпIэкIэ зэгъэ­пэщыжынри псом япэ игъэщыпхъэ къалэнщ.
Зэман гъунэгъум комиссэ хэхам лъэмыжым и щытыкIэр зыхуэдэр нэсу зэхигъэкIынущ икIи абы кърикIуам ипкъ иткIэ, ар зэрызэрагъэ­пэ­щыжыну щIыкIэр яубзыхунущ.
Апхуэдэуи и гугъу ящIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал мыхьэнэ зиIэ и гъуэгухэм я щытыкIэм, адэкIи абыхэм зегъэужьынымрэ ахэр егъэфIэкIуэнымрэ пыщIа лэжьыгъэхэм.
КъызэрыхагъэщамкIэ, мы зэманым къы­зы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыж Аргуданрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я гъунапкъэм хуэзэ гъуэгум щы­щу километр 15 хъу Iыхьэр. Ар зэуэ лъэныкъуи­тIымкIэ автомобилхэр щызэблэкIыу щытауэ ­арати, иджы нэхъ бгъуэ ящI, зэбгъурыту авто­мобилиплI техуэу яукъуэдий. Ухуэныгъэр 2026 гъэм ятыну я мурадщ.
Дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIыну я мурадщ Р-217 ­«Кавказ» гъуэгум Къубэ-Тэбэ деж иIэ Сухой ­къуэбэкъум щытралъхьэну лъэмыжымрэ Прох­ладнэ - Бахъсэн - Iуащхьэмахуэ гъуэгум щхьэ­щыкI гъуэгумрэ. 2027 гъэм къриубыдэу къызы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ Лэскэн щIыналъэм хиубыдэу Урыху псым телъ лъэмыжыр.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек Лукашук ­Александр фIыщIэ хуищIащ ди щIыналъэм и ­гъуэгухэмрэ экономикэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкI лэжьыгъэшхуэм, а IэнатIэхэм хуащI хэлъхьэныгъэм, Тырныауз къыщехьа псыдзэм къыдэкIуа зэтекъутэныгъэхэр гъэзэкIуэжынымкIэ зэрызыкъыщIагъакъуэм пап­щIэ.
Шэч хэмылъу, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ «Кав­каз» управленэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр ­щапхъэу къэплъытэ хъунущ, абы нэхъыщхьэу кърикIуэращи, цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэща мэхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.