Лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр ягъэбыдэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондыр, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэр, илъэс еплIанэ хъуауэ щыпашэщ «Зи лэжьыгъэр фейдэ къегъэщIыным пымыщIа» зэпеуэм. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм. 
Фондым и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэныр. УФ-м и Конституцэм къыдэкIуэу, лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм игъэхьэзыра «Урысей Федерацэм и къэрал лъэпкъ политикэм и стратегиеми» тетщ. Абы щаубзыхуащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэжыным, я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
- Урысейр дунейм и къэрал нэхъ инхэм, лъэщхэм ящыщщ. Абы лъэпкъи I90-м нэблагъэ щопсэу. Лъэпкъ политикэмкIэ зэхагъэува стратегием щIыналъэхэм гулъытэ ин щыхуещI, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэмкIэ унафэщIхэм жэуаплыныгъэ зэрахьым нэхъ тригъащIэу, - жиIащ фондым и унафэщI Макоевэ Люазэ. – Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри ягъэбыдэ. Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ фондым лъэпкъ щэнхабзэ центр I6 зэришэлIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къадекIуэкI хабзэхэр, щэнхабзэр, тхыдэр, щIэинхэр хъумэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымрэ жыджэру хуэлажьэхэу. Апхуэдэщ «Абхазия», «Дагестан», «Азери», «Ныхас», «Риони», «Самчели», «Туган тел», «Днипро», «Кодумма», «Казачий культурный центр КБР», «Сплочение» центрхэр, «Ватан», «Вече», «Ахбюр», «Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр. Мы IуэхущIапIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ щэнхабзэр, дунейпсо литературэр, гъуазджэр джыным щIалэгъуалэр драгъэхьэхынырщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хуащIу къэгъэхъунырщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ.