Ислъэмей фэеплъ къыщыхузэIуах

Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №1-м фэеплъ къыщыхузэIуахащ дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда, абы щеджа Улымбащ Аскэр.

Зи зауэлI къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэда Улымбащ Аскэр и фэеплъу къызэрагъэпэща пэкIум зыкърагъэхьэлIащ къуажэ, район администрацэхэм я лIыкIуэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм, зауэм и ветеранхэм, егъэджакIуэхэм, ар къэзыцIыхуу щытахэм, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

Улымбащ Аскэр 1994 гъэм щIышылэм и 12-м Ислъэмей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр, иужькIэ колледжыр къиуха нэужь, и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Москва дэт Автомобиль-гъуэгу къэрал техникэ университетым. 2022 гъэм ар дзэ Iуэху хэхам ираджащ. И къулыкъур лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу ирихьэкIащ. Ар тIэу уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Жуковым и цIэр зезыхьэ медалыр, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м ар зэхэуэм хэкIуэдащ.

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, Улымбащ Аскэр (дунейм ехыжауэ) къыхуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэ орденыр». Дамыгъэ лъапIэр лIыхъужьым и адэм иритыжащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор.

- Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зи гъащIэр щIэзыта лIыхъужьым мы щыгъуэ махуэм ди щхьэр худогъэщхъ. Абы къигъэлъэгъуа лIыгъэр, хахуагъэр, и къалэным зэрыхуэпэжыр, Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр дигу ихужынукъым. ЩIалэм и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ сахуогузавэ. ЛIыхъужьым зэрихьа лIыгъэр зэи тщыгъупщэнукъым, - жиIащ Ахъуэбэчым.

Фэеплъыр щыхьэт тохъуэ зи къулыкъум хуэпэжу хэкIуэда лIыхъужьыр щIыналъэм щыпсэухэм зэрызыщамыгъэгъупщэнум. Ар щIэблэм я щапхъэщ къигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ жэуаплыныгъэмкIэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.

18.07.2026 - 13:25

ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ къэралым и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъэм и

18.07.2026 - 09:03

Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026 - 09:03

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.