КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым «Архитектурэмрэ дизайнымкIэ» и кафедрэм Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыху-бэ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ и унэтIыныгъэр къэзыуххэм я диплом лэжьыгъэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ.
Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм я творческэ зэгухьэныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэм хыхьэу икIи ар хуэунэтIащ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр хъумэнымрэ декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэр хэIущIыIу щIынымрэ.
2005 гъэм щыщIэдзауэ мы IэщIагъэхэм КъБКъУ-м щыхурагъаджэ икIи блэкIа илъэс тIощIым къриубыдэу а къудамэр къэзыухахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым къыдэкIуэу, щIэблэр пасэрей IэпэIэсагъэм хуагъасэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ «Художественнэ хэдыкI» IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта хъыджэбзиймрэ абыхэм я егъэджакIуэхэу Унэж Залинэрэ Мырзэкъан Радимэрэ ящIахэр. Мы лэжьыгъэхэр щыплъагъукIэ, щIалэгъуалэм я гъэсакIуэхэм гъуазджэм щаIэ зэфIэкIхэр зэрызыхалъхьар нэрылъагъущ.
IэпщIэлъапщIагъэм хуеджахэм я диплом лэжьыгъэхэр зытеухуамкIи къагъэсэбэпа IэмалхэмкIи куэду зэщхьэщыкIырт. Художественнэ хэдыкIыр къагъэсэбэпу ягъэхьэзыра адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэр зэрызэрагъэпэщыжыр, ахэр зэманым декIуу къызэрагъэщIэрэщIэжыр удихьэхыу къагъэлъэгъуащ, дыщэидэр, бзылъхугъэ хьэгъуэлIыгъуэ бостейр хьэпIацIэщыгъэкIэ гъэдэхэныр, гъущIым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр хыхьэу. А псор еджапIэр къэзыуххэм я IэдакъэщIэкIщ.
«Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъэпщIагъэмрэ» унэтIыныгъэм и егъэджэныгъэ программэм и унафэщI, УФ-м и Дизайнерхэм, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм я творческэ зэгухьэныгъэхэм хэт Унэж Залинэ и лэжьыгъэхэр плIанэпэ щхьэхуэм щагъэуващ. Гъуазджэм и дахагъэм гъуни нэзи зэримыIэр мыбдежми щынэрылъагъущ. ЩIыналъэм и лъэпкъ щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэм къыдэкIуэу, а хьэпшыпхэмкIэ гурыIуэгъуэщ IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъэр, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэ ахэр зэрыхъур.
- Зэрыфлъагъущи, лъэпкъ цIыхухъу, бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр зэрыгъэдэха дыщэ, дыжьын идэхэм, уагъэ зэIущэным ди хъыджэбзхэр хуэIэкIуэлъакIуэщ, - жиIащ Унэж Залинэ. - Махуэ къэс щыптIагъэ хъуну щыгъыныгъуэхэм къадэкIуэу, хьэгъуэлIыгъуэ фащэхэри гъэлъэгъуэныгъэм хэдгъэхьащ. Лъэпкъ фащэм и пкъыгъуи, езым я еплъыкIи зэхаухуанэу къагъэщIэрэщIэжа фэилъхьэгъуи мыбы щыфлъагъунущ. Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм я тхыдэм фIыуэ зэрыщыгъуахэм и нэщэнэщ ар. Мыбдеж щыфлъагъу балъкъэр IэлъэщIхэм я щIыкIэм IэпщIэлъапщIитI къудей щыгъуазэу аращ. Иджы ди гъэсэн зы хъыджэбзи абы хуэIэзэ хъуащ. Выставкэм щыщщ дыщэидэ лъэпкъ дамыгъэхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ хадыкIа фэилъхьэгъуэхэр.
Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми пщIэ хуэфащэщ, хъыджэбзхэм я IэпщIэлъапщIагъэр, шыIэныгъэр, плъыфэр зэрызыхащIэр, лъэпкъ щэнхабзэм хуаIэ лъагъуныгъэр абы къызэрыщыгъэлъэгъуэжамрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэ, щэнхабзэ дахагъэр хэIущIыIу зэращIымрэ папщIэ.
Уянаевэ Динарэ игъэхьэзыращ хьэпIацIэщыгъэкIэ хэдыкIа, налкъутрэ тхыпхъэкIэ гъэдэха иджырей балъкъэр хьэгъуэлIыгъуэ фащэ, «Баш ау» хабзэм папщIэ зыхуеину, IэкIэ хэдыкIа IэлъэщIихи щIыгъужу.
Кумыщ Данизэ и диплом лэжьыгъэхэр и щапхъэщ Хадид Захи и архитектурэ ухуэныгъэхэм. А фэилъхьэгъуэхэр я плъыфэкIи щIыкIэкIи зэщхьэщыкIырт. Абы къыхигъэщащ Хадид и лэжьыгъэхэр я лъабжьэу Макао, Пекин, Баку, Майами, Эр-Рияд, Токио, Катар щыIэ ухуэныгъэ инхэм (сату-нэгузыужь IуэхущIапIэхэр, чэщанэ, стадион жыпIэми) мы щыгъынхэр игъэхьэзырыным зэрыхуагъэушар. КIэщIу жыпIэмэ, Данизэ къигъэлъэгъуащ архитектурэм фэилъхьэгъуэхэм я дизайн гъэхьэзырыкIэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхухэлъхьэр.
Декоративно-прикладной гъуазджэм щIалэгъуалэр зэрыдихьэхыр узыщыгуфIыкI хъун Iуэху дахэщ. Абыхэм я лэжьыгъэхэм уримыгушхуэн плъэкIыркъым. НыбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа хьэпшыпхэмкIэ нэрылъагъу тщыхъуащ республикэм и декоративно-прикладной гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIыну, пасэрей IэщIагъэхэм зыщызыгъэгъуэзэну, абыхэм зезыгъэужьыну щIэблэ щIыналъэм зэриIэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уянаевэ Iэминат, цIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс Аслъэн, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, нэгъуэщIхэри.
Къэпсэлъахэм жаIащ КъБКъУ-р къэзыух IэпщIэлъапщIэхэм щIэныгъэфI зэраIэр, абыхэм я зэфIэкIымрэ я IэпэIэсагъэмрэ уригушхуэ зэрыхъунур икIи ехъуэхъуащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ ехъулIэныгъэрэ зэфIэкIрэ щаIэну.
ЕджапIэр къэзыуххэм я щIэныгъэ унафэщIхэу Унэж Залинэрэ Мырзэкъан Радимэрэ фIыщIэ хуащIащ я лэжьыгъэхэр щагъэхьэзырым къазэрыдэIэпыкъуам, чэнджэщ щхьэпэхэр къызэрыратам папщIэ.
Унэж Залинэ жиIащ хъыджэбзхэм зрагъэгъуэта IэщIагъэм иджыпсту щIэупщIэшхуэ зэриIэр. Языныкъуэхэр дизайнеру зэрылэжьэфынур, адрейхэм щыгъыныгъуэхэр къагупсысыж зэрыхъунур, гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтынуи Iэмал зэраIэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.