ИIэнущ дяпэкIи лъапIэныгъэ

Дуней псом щыцIэрыIуэ спортсмен, зэпымыууэ ехъулIэныгъэфI­хэр къэзыгъэлъагъуэ, ди къэралым и пщIэр утыку куэдым щызыIэта, мызэ-мытIэу япэ увыпIэхэр къэ­зыхьа дзюдоист лъэрызехьэ (килограмм 60 хъухэм я деж) Блий Iэюб Зубер и къуэр щалъхуа щIыпIэм - Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм - щагъэлъэпIащ.

ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщаIэта Iуэху дахэм зыкърагъэхьэлIат Къэ­бэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и ми­нистр Хьэсанэ Ислъам, Лэскэн ­район администрацэм и Iэтащхьэ Инжыжокъуэ Сэфарбий, Iэюб и япэ тренер Гъэунэ Анзор, иджыпсту Санкт-Петербург къалэм щызыгъасэ Волович Данил, Урысейм дзюдомкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм дыжьын, домбеякъ медалхэр къыщызыхьа, Европэм и чемпион блэнейрэ хъуа, спортым щIыхь зиIэ и мастер Тменов Тамерлан, Олимп чемпион, Европэм плIэнейрэ и чемпион хъуа, дунейпсо чемпионатым етIуанэ увыпIэр къыщы­зыхьа Мудрэн Беслъэн, Украинэм ще­кIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм хэт, Урысейм и ЛIыхъужь Гъуо Альберт сымэ, Iэюб и ныбжьэгъухэмрэ и благъэхэмрэ, къуа­жэдэсхэр. 
ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа, Лэскэн ­район администрацэм щэнхабзэм­-кIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, IуэхущIапIэм зыкъыхуэзыгъазэ цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и уна­фэщI Насып Люсенэ хьэщIэхэр къы­зэ­хуэсахэм яригъэцIыхуа нэужь, псори Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъ­къэрым, Лэскэн районым я гимнхэм щыту едэIуащ. Абы иужькIэ кIэ­-щIу къытеувыIащ Iэюб и гъащIэмрэ и ­гуащIэмрэ. 
ЩIэджыкIакIуэхэми фигу къэдгъэ­кIыжынщи, Блийр кадетхэм я деж Урысейм и чемпион, ныбжьыщIэхэм     я къэралпсо зэхьэзэхуэм пашэ щы­хъуауэ щытащ, дыжьын, домбеякъ медалхэр куэдрэ къихьащ. 2024 гъэм Iэюб УФ-м и чемпион Сочэ щыхъуащ, мы гъэм и мэлыжьыхь мазэм Европэм и чем­пионат Подгорицэ щекIуэ­кIам етIуанэ увыпIэр щиубыдащ, мэкъуауэгъуэ мазэм Венгрием и къа­лащхьэ Бу­дапешт щызэхэта дунейпсо чемпио­натым ещанэ щыхъуащ. «Та­жышхуэр» къэхьыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI дунейпсо зэхьэзэхуэм тIэу щытекIуащ, етIуанэ, ещанэ увы­пIэхэр щэ къыщихьащ. 
Ди спортсмен цIэрыIуэм и зэфIэ­кIыр спорт IэнатIэм и деж и закъуэкъым къыщалъытар, къэралым и унафэщIхэм я гулъыти къылъысащ абы. Дзюдор Урысей Федерацэм зэ­рыщиIэтым, жылагъуэ лэжьыгъэ жы­джэру зэрыригъэкIуэкIым папщIэ, 2024 гъэм Iэюб къыхуагъэфэщащ ­УФ-м и Президентым и ЩIыхь тхы­лъыр.
Iэюб зэрызигъасэр, къыхужаIахэр, езым и гупсысэхэр, и мурадхэмрэ ­хъуэпсапIэхэмрэ я лъабжьэу ягъэ­хьэ­зыра документальнэ фильм кIэщIым къызэхуэсахэр яфIэгъэщIэгъуэну еп­лъащ. Спортсменым и зэфIэкIым кIэ­лъымыплъ, абы и ехъулIэныгъэхэм ири­мыгушхуэ къыщыгъуэтыгъуейщ ар къыщалъхуа Урыху къуажэм. Абы­хэм я Iэгуауэмрэ я нэгум къищ гуапагъэмрэ иджыри зэ къигъэлъагъуэрт ар. 
ЗэIущIэм и утыкур япэу хуит хуа­щIащ Хьэсанэ Ислъам. 
- Зи Iэзагъэр дуней псом хэIущIыIу щызыщIа спортсменыр щагъэлъапIэ мы пшыхьым сызэрыхэтыр си дежкIэ пщIэщ, - жиIащ министрым. - Ухуейуэ щытмэ, пхузэфIэмыкIын зэрыщы­мыIэр и зэфIэкIымкIэ къэзыгъэлъа­гъуэ Iэюб дяпэкIи спортым щехъулIэну, дигъэгуфIэну си гуапэщ. 
КъБР-м СпортымкIэ и министерст­вэм и щIыхь тхылъхэр Хьэсанэм яритащ Блий Iэюб, абы и гъэсакIуэхэу Гъэунэ Анзоррэ Волович Данилрэ. 
- Ди районым къыбгъэдэкIыу фIэ­хъус фызох къэрал псом и Iуэху дахэу жыпIэкIэ ущымыуэну мы зэIущIэм ­кърихьэлIа дэтхэнэ зыми. Iэюб хузэ­фIэкIащ ди цIыхухэр игъэгушхуэну, псоми я щхьэр лъагэу яригъэлъагъу­жыну. ФIыгъуэу щыIэр уэри, уи адэ-анэми, укъызыхэкIа лъэпкъми къыф­хуищIэну си гуапэщ. ТекIуэныгъэ Iэ­джэ­кIэ иджыри дыпщогугъ, Iэюб, - жи­Iащ Инжыжокъуэ Сэфарбий. 
АдэкIи пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ олимп чемпион хъуну узыщызыгъэгугъ спортсмен лъэщу Блийр зэрыщытыр, и унагъуэкIи, и лъэпкъкIи щIалэгъуалэм щапхъэ ар зэрахуэхъур, фIыуэ къэзылъагъу, и ­гуащIэм кIэлъыплъ цIыхухэр зэри­гъэгушхуэм и уасэу яхузэфIэкIкIэ зы­щIагъэкъуэну сытым дежи зэры­хьэ­зырыр. 
Блий лъэпкъым къыбгъэдэкIыу зэ­IущIэм къыщыпсэлъащ Артур. Абы фIы­щIэ яхуищIащ къызэхуэса псоми, лъапIэныгъэр яIэу, зэрыгушхуэнрэ зэрылъагэнрэ щымыщIэу псэунхэу ­хъуэхъуащ. Езы Iэюб псалъэ щратам жиIащ и ехъулIэныгъэхэр и закъуэ зэримейр, ар фIыуэ къэзылъагъу псоми, къэралми зэразэдайр. И зэ­фIэ­кIым кIэлъыплъ, езым и лъапIэныгъэу ар къэзылъытэ дэтхэнэри и унагъуэ­кIэ, и щхьэкIэ узыншагъэ, гукъыдэж щы­мыщIэну зэригуапэр къыхигъэщащ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ и гъэ­сакIуэхэм, и анэм, и адэ къуэшым, и анэ дэлъхухэм. 
Пщыхьэщхьэр уэрэдкIэ, къафэкIэ, пшыналъэкIэ ягъэдэхащ Лэскэн рай­оным и къэфакIуэ гупым, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, пшынауэ Iэзэ Жыгун Эдуард, уэрэд­жыIакIуэ цIэрыIуэ Насып Астемыр сымэ. 
Пшыхьыр къызэрагъэпэщыну гу­къы­дэж зыщIа урыху щIалэхэм зыри яху­зэфIэкIыну къыщIэкIынтэкъым, спортымкIэ министру илъэс куэдкIэ щыта АфIэунэ Аслъэн мыхъуамэ. Ар пашэ яхуэхъущ, чэнджэщкIи, мылъку­кIи, псалъэкIи закъыщIигъакъуэщ, СпортымкIэ министерствэр, Лэскэн район, Урыху къуажэ администрацэ­хэр къакъуэувэри, нэхъыфI дыдэ зэ­ры­хъунум хуэдэу Iуэхур яIэтащ, зэIущIэм кърихьэлIа дэтхэнэми ар илъэгъуащ. Iэюбрэ и гъэсакIуитIымрэ ахъ­шэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ, иужь­кIэ къуажэм дэт шхапIэ дахэм хьэ­щIэхэм пщIэ щыхуащIащ. МащIи куэди Iуэхум хэлIыфIыхьа, зи псалъэ, зи мылъку, зи акъылрэ къарурэ хэ­зылъхьа дэтхэнэми псапэ щIауэ Тхьэм къаритыж! 

Тхыгъэри  сурэтри
ИСТЭПАН  Залинэ  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер