Яхурикъунущ унагъуэ мин 25-м

Ди республикэм лэжьэн щыщIидзащ Шэрэдж гидроэлектростанц цIыкIум. ГуфIэгъуэ щыты­кIэм иту ар яутIыпщащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ «РусГидро» ПАО-м и унафэщI Карпухин Николайрэ. 

Шэрэджыпсым тращIыхьа станцым и ухуэ­ныгъэр 2021 гъэм яублауэ щытащ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гидроэнергетикэм адэкIи зыщегъэужьыным епха программэ зэхэ-тым ипкъ иткIэ. ЯутIыпщагъащIэ ГЭС цIыкIур и зы Iыхьэщ Шэрэджыпсым тращIыхьа апхуэдэ станц зэхэтым. МВт 179,1-рэ зи лъэщагъ IуэхущIапIэр ­хъуащ ди республикэм электрокъару къыщы­зылэжь IэнатIэхэм я нэхъ ин дыдэ. 
Iыхьэ зыбжанэу зэхэт а ГЭС-м и проектыр лIэ­щIыгъуэ блэкIам и 70 гъэхэм яубзыхуауэ щытащ. 1992 гъэм ирихьэлIэу хьэзыр хъуащ 2010 гъэм         нэс тещIыхьа ухуэныгъэ программэри. Ар лэжьыгъэшхуэ къызэщIэзыубыдэ, мылъкушхуи зытекIуэдэну къалъыта проектышхуэт. Апхуэдэу щытми, гъэзэщIа хъуащ. ГЭС зэхэтым и япэ Iыхьэр, Аушыджэр щаухуар, 2002 гъэм и дыгъэгъазэм яутIыпщауэ щытащ. Иджы лэжьэн щIэзыдзагъащIэ станцым МВт 23,4-рэ и лъэщагъщ. Илъэсым къриубыдэу абы къилэжьынущ кВт/ч мелуан 87,1-рэ хъу электрокъару къабзэ. Ар яхурикъунущ         унагъуэ 25000-м я лъапсэхэм. 
 Станцым и лэжьэкIэр хьэлэмэту зэтегъэуващ. Абы къыщагъэсэбэп псыр ГЭС зэхэтым и Iыхьэхэм щагъэлэжьакIэу къокIуэри, лейуэ гъэкъэбзэн хуейкъым. 
- Ди республикэм электрокъарукIэ бгъэдэлъ          шынагъуэншагъэр нэхъри зыгъэбыдэ, къызэзы-гъэ­пэщ Iуэхугъуэщ зэфIэкIар. Абы и фIыгъэкIэ зэпыу зимыIэ элекрокъару яIэнущ нэхъапэм абыкIэ гугъу ехьу щыта жылэ пхыдзахэм, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. - ГЭС-м и ухуакIуэхэми абы и хъер зы­лъэIэсыну цIыхухэми си гуапэу сохъуэхъу мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэр зэрызэфIэкIамкIэ. 
Республикэм и Iэтащхьэм къэрал дамыгъэхэр яритащ «РусГидро»-м и IэщIагъэлIхэм, ГЭС-м и ухуакIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьы­ныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.