Пэрытхэм дыхабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Прави­тельствэм щIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комис­сэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Видеоконференц IэмалкIэ ар иригъэкIуэкIащ Правительст­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ мы гъэм зэлэжь «ГъащIэм пап­щIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ адрей къэрал проектхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм. Гулъытэ щхьэхуэ хуа­щIащ цIыхубэр зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэу щIэуэ яухуэхэмрэ зэIузэпэщ щIыжыпхъэхэмрэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым «Иджы­рей школ» къэрал проектымкIэ зэуэ еджапIитху мы гъэм щаутIыпщынущ: Налшык дэту щырэ Тэрчрэ Терсколрэ - зырызрэ. «Унагъуэхэм защIэгъэкъуэн» проектым ипкъ иткIэ сабий IыгъыпIэу щы Бахъсэн, Гундэлэн, Старэ Шэрэдж къуа­жэхэм щаухуэну загъэхьэзыр. 
 Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIыр егъэджэныгъэ ­къудамэм и закъуэу зэрыщы­мытыр, атIэ цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэ яIэу, медицинэ, щэнхабзэ, спорт объектхэр, псэу­пIэ-коммунальнэ ин­ф­-­   ра­с­т­руктурэмрэ псэупIэр егъэ­фIэ­кIуэ­нымрэ епхахэр зыхуей зэрыхуа­гъазэр. 
«Гъуэгу ухуэныгъэхэм дызэ­рыт илъэсым псори зэхэту сом меларди 2,4-м щIигъу къэралымрэ республикэмрэ я бюд­жетхэм къыхэкIыу хуэдутIыпщащ. ЗэгурыIуэныгъэ псори процентищэкIэ зэдухылIащ. Зэлэжьыпхъэу дгъэува гъуэгу 19-м щыщу 5-р яутIыпщакIэщ. Дауи, гъуэгум иужьрей зэманым апхуэдиз гулъытэ щIы­хуэтщIыр республикэм щы­псэухэр шынагъуэншэу зекIуэн папщIэщ. ЗэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр гъуэгу къэ­хъукъащIэхэр нэхъ мащIэ щыхъуа щIыналъэхэм хиубыдэу, фIыкIэ къыщыхагъэщащ. Илъэс блэкIам еплъытмэ, а щы­тыкIэр къэзыгъэлъагъуэ нагъыщэм процент 16,3-кIэ хэ­щIащ, цIыху зыхэкIуэда насы­пыншагъэхэм я бжыгъэр процент 38,6-кIэ нэхъ мащIэ ­хъуащ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. 
Республикэр унэ ухуэнымкIэ пэрытхэм ящыщ хъуащ. 2019 гъэм щегъэжьауэ, «ПсэупIэ» къэрал проектым ипкъ иткIэ, метр зэбгъузэнатIэ мелуани 2,5-м щIигъу псэуалъэ щау­хуащ ди республикэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.