Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м пэкIу щекIуэкIащ, ар къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда Гугъуэт Нурхьэлий и щыхькIэ. Къэралым и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ зи псэр щIэзыта щIалэм абы фэеплъ къыщыхузэIуахащ.
Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я гузэвэгъуэр дагъэпсынщIэну, щIалэм и фэеплъым пщIэ хуащIыну пэкIум зрагъэхьэлIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ящыщхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, хэкIуэдам и ныбжьэгъухэм, къуажэдэсхэм.
ПэкIум щыщIидзэм къызэхуэсахэр хэкIуэдам зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. Балъкъыз Артур къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Гугъуэт Нурхьэлий зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, псэемыблэжу ар мамырыгъэм зэрыщIэбэнар щIыналъэм щыпсэухэм зэращымыгъупщэнур. Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда щIалэм и унагъуэм ар хуэгузэващ, лIыхъужьым и лIыгъэр щIэблэм щапхъэ зэрахуэхъунур къыхигъэщу.
Фэеплъыр къызэIуаха нэужь, щIыналъэм и Iэтащхьэм Нурхьэлий и адэм фIыщIэ хуищIу абдеж щритыжащ хэкIуэдауэ и щIалэм къыхуагъэфэща «ЛIыхъужьыгъэм и орденыр».
Зэхыхьэм хэтахэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, щIалэ хахуэм пщIэ хуащIу. ПэкIур щиухым армеец ныбжьыщIэхэм жаIащ: «ЛIыхъужьыр зэи дигу ихунукъым!» Мамырыгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр зэрахъумэнум теухуа тхьэрыIуэ хуэдэт а псалъэхэр. Абы къегъэлъагъуэ Нурхьэлий и лIыгъэр къулыкъу къыдэзыщIахэми къыдэкIуэтей щIалэгъуалэми зэращапхъэр.
Гугъуэт Нурхьэлий Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1988 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыщалъхуащ. 2005 гъэм курыт еджапIэр къиухащ. Дзэ къулыкъу нэужьым, Хэкур хъумэным теухуауэ ихь жэуаплыныгъэр зыхищIэу, дзэ Iуэху хэхам хыхьащ. Куэдрэ псэзэпылъхьэпIэ ихуащ ар, хэкIуэдахэр губгъуэм къизыхыжхэм яхэту.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.