«Зыгъэпсэхугъуэр Урысей гвардием щIыгъуу» Iуэхум республикэм щыпащэ.
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Вершина» ОМОН-м и лэжьакIуэхэр щыIащ «Звёдочка» сабий санаторэм. ЗэIущIэм хабзэхъумэхэм щагъэлъэгъуащ езыхэр зыхуей Iэщэ-фащэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщамрэ зэрызахъумэж Iэмалхэмрэ.
Сабийхэр псом хуэмыдэу дихьэхат кинологым и лэжьыгъэм, хьэхэм я зэфIэкIым. НыбжьыщIэхэм къащIащ хабзэхъумэхэм ящIыгъу хьэхэр зэрагъасэр, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын папщIэ ягъэзащIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр.
- Мы акцэм зэрыхэтым и фIыгъэкIэ сабийхэр Урысей гвардием и лэжьыгъэм щыгъуазэ хъу къудейкъым, атIэ къытщIэхъуэ щIэблэр псэкупсэу егъасэ, - къыхигъэщащ Урысей гвардием и офицер, полицэм и майорым.
ЗэIущIэм и кIэухым санаторэм и унафэщIхэм хабзэхъумэхэм фIыщIэ хуащIащ Iуэху щхьэпэ зэрыриагъэкIуэкIам папщIэ.
БАХЪСЭН Ланэ.