«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэща «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и унафэщI Гугъуэ-тыж Ахьмэд зи пашэ гупым къежьапIэ яхуэхъуамрэ я мурадхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ. Абы мы театрым къищынэмыщIауэ нэгъуэщI IэнатIи иIэщ - ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм псэкупсэ гъэсэныгъэхэмкIэ, езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэмрэ муниципальнэ IэнатIэхэм запыщIэнымкIэ и къудамэм и унафэщIщ.
- «Сыринэ» зыфIэфща щIалэгъуалэ театрым и щыIэкIэ-псэукIэмрэ къежьапIэ хуэхъуамрэ укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт, Ахь-мэд.
- Мы зэманым ди бзэр тIэкIу IэщIыб зэращIым димыгъэгузавэу къанэркъым. Дунеишхуэм нэхъ лъапIэ дыдэу къыщылъытапхъэр цIыху гъащIэмрэ ар зэрыпсалъэ бзэмрэ арагъэнщ. Ди бзэр тхъумэн папщIэ дэтхэнэ зыми тлъэкIыр дгъэзэщIапхъэщ. «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым, Хасэм жысIэнщ, и унафэщI ХьэцIыкIу Рае къыхилъхьа жэрдэмыр абы хэтхэм дэтIыгъащ. Рае цIыху губзыгъэщ, щIэныгъэ бгъэдэльщ, лъэпкъым папщIэ и псэр итыфынущ жыпIэми укъэпцIэнукъым. Зы махуэ гуэрым телефонкIэ си деж къэпсэлъащ ХьэцIыкIур. «Адыгэ щIалэгъуалэ театр къызэдгъэпэщыну сыхуейт, Ахь-мэд», - жиIэри. ЗэрыжысIащи, ар дэсIыгъащ.
Хасэм хэтхэр абы ипкъ ит-кIэ зэхуэсри унафэ къащтащ илъэс 14 - 18 ныбжьым итхэм ящыщ зэхуашэсу, зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIыу, къыхэжаныкIхэр къыхахыну. Абы теухуа хъыбарыр Интернет IэмалхэмкIи зэбграгъэкIат. ИкIи, зэман дамыгъэкIыу, Iуэхум яужь ихьащ. ЯпэщIыкIэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм деж щыпхагъэкIащ я жэрдэмыр.
Зэбграгъэха хъыбарым итт зэпеуэр щрагъэкIуэкIыну махуэр, хэщIапIэр, сыхьэт бжыгъэр, цIыхухэр къыздэпсалъэ хъуну телефоныр. Зэхьэзэхуэм хэтыну гупыж зыщIа ныбжьыщIэхэм къахэжаныкIахэр къыхаха нэужь, ахэр зыхэтыну спектаклым хуигъэхьэзырыну, Хасэм хэтхэр елъэIуащ актёр, режиссёр Iэзэ Къанкъул Ислъам. Ари акъылэгъу къадэхъуащ. Къыхаха ныбжьыщIэхэр 16 хъурт.
А щIыкIэм тету зэхуашэса ныбжьыщIэхэм ядэлажьэ Ислъам хузэфIэкIащ усакIуэ, тхакIуэ, драматург Къаны-къуэ Заринэ «Унащхьэ» зыфIища и пьесэм къытрищIыкIа спектаклыр екIурэ-ещхьу ягъэлъэгъуэфу сабийхэр игъэсэн. Ар япэу утыку къыщрахьар Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэрщ. ЗэрыжаIэжымкIи, къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн дыдэ ящыхъуат. Зэман дэкIри, спектаклыр Налшык, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым щагъэлъэгъуащ.
- Уэ узэреплъымкIэ, Ахьмэд, анэдэльхубзэр цIыхум IэщIэхуным щхьэусыгъуэ хуэхъур сыт?
- ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутащи, ди бзэм ныбжьыш-хуэ иIэщ. Сэ сыкъапщтэмэ, сызэрысабийрэ си анэм и бзэр фIыуэ солъагъу, абы и IэфIагъыр пасэу зыхызагъэщIащи. Дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми и псэм хэлъу и анэдэлъхубзэр ипэ иригъэщу щытмэ, Iэмал иIэкъым ар сабийм имыщIэнкIэ. Щыдзадзум деж къыщегъэжьауэ анэдэлъхубзэкIэ быным епсэлъапхъэщ, и бзэр, хабзэр ищIэу къэхъун папщIэ. Сабийр нэхъыбэрэ зи гъусэр анэращи, абы зи гугъу тщIыр къызэрыфIэIуэхум елъытащ быным адыгэбзэр ищIэныр. Унагъуэм зэрыщызэпсалъэ бзэми куэд елъытащ. Псалъэм папщIэ, тыкуэнхэм, бэзэрхэм, уэрамхэм, шхапIэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ я быным, я къуэрылъху-пхъурылъхухэм урысыбзэкIэ епсалъэу. Абыхэм бзэр сабийм IэщIагъэхуу къащыхъуркъым. Я гугъэщ, зы зэман хуей хъужыкъуэмэ, анэдэлъхубзэр «къаубыдыжыфыну». Мыпхуэдэ псалъэхэми уамыгъэпIейтейуэ къанэркъым: «Сыт адыгэбзэр зэрытщIынур, дыщыхуейм деж зэдгъэщIэжыфынущ!» Дауи, ар фIэщщIыгъуейщ, хамэбзэм ипсыхьа быным игъащIэм зэрымыпсэлъа анэ-дэльхубзэр зригъэщIэжыфыну.
ИтIанэ мыри къыхэзгъэщынут: мы зэманым къежьа Интернет Iэмэпсымэхэми сабийм и анэдэльхубзэр Iэпегъэху. Абыи хуэсакъыпхъэщ. Дэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэщ адыгэбзэр, хабзэр тхъумэныр, ар щIэблэм яIурытлъхьэныр, ди нэхъыжьыфIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къыкIуэцIраха ди хьэл-щэн дахэм адэкIи пытщэныр. Ар ди гуращэти, аращ «Сыринэ» зыфIэтща щIалэгъуалэ театрри щIызэхэтшар.
- Театрым хэт ныбжьыщIэхэм ятеухуауэ сыт къыджепIэфын?
- Псоми сахуэарэзыщ. Ахэр зы унагъуэм хуэдэу зэгуроIуэ, нэмысымрэ хабзэмрэ щIапIыкIа защIэщ. Дэнэ дыкIуами, я пщIэр яIыгъыжу, зыщIыпIи дыкъыщамыгъэукIытэу дыщыIащ. КIэщIу жыпIэмэ, арэзы дыкъэзыщIхэщ.
- Уэ зэрыжыпIащи, куэ-дым зыкъыщывгъэлъэгъуэну фыхунэсащ, хамэ къэралми фыщыIащ. Сабийхэр епшажьэу, абыхэм укIуэныр къызэрыгуэкI Iуэху цIыкIукъым, абы дауэ фехъулIэрэ?
- ЯпэщIыкIэ Хасэм хэтхэр дызэхуосри ныбжьыщIэхэр здэтшэну щIыпIэр доубзыху, псори зэлъытыжар Iуэхум хэтшахэм я адэ-анэхэращи, ахэр зэхудошэсри ди мурадым щыдогъэгъуазэ. Арэзы хъумэ, псори дызэгъусэу Iуэхум долэжь. Хасэм хэтхэм дэтхэнэми къалэн зырыз ягъэзащIэ ныбжьыщIэхэр зэIузэпэщу ежьэн папщIэ.
- АдэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ, Ахьмэд?
- Зи яужь дихьа мы Iуэхугъуэр къыдэхъулIауэ къыдолъытэри, адэкIэ нэхъыбэж зэрытщIэнум яужь дитынущ. Япэрауэ, гупыр зэрызэхэтшэрэ фокIадэм и 15-м илъэситху зэрырикъур Iэтауэ дгъэлъэпIэну ди мурадщ. ЕтIуанэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм лъэIу тхылъ щIэслъхьэну си мурадщ, «Сыринэ» театрым пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зригъэхъулIахэм папщIэ цIэ лъапIэ къыфIезгъэщыну. ЩыIэщ нэгъуэщI мурадхэри.
- Дауи, мыпхуэдэ Iуэхум мылъку токIуадэ. Ар дауэ зэвгъэпэщыфрэ?
- «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къыдит ахъшэр дримыкъумэ, ныбжьщIэхэм я адэ-анэхэм захудогъазэ. Илъэситхум къриубыдэу зэгурымыIуэныгъэ зэи ди зэхуаку къыдэхъуакъым. Псо-ми къагуроIуэ я бынхэр дэзыхьэха Iуэхум и мыхьэнэр. Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: ди лъэIукIэ Налшык пщIэ щIэдмыту зы пэш къыщыдатауэ щIалэгъуалэр щызэхудошэс, и утыкур зэрынэхъ иным папщIэ. Зыгъэпсэхугъуэ махуитIращ абы дыщыщылажьэр.
- Ахьмэд, адэкIи ехъулIэныгъэхэр фиIэну, фи мурадхэр къывэхъулIэну ди гуапэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрыр илъэситI ипэ хэтащ Москва Эсамбаев Мыхьмуд и цIэр зезыхьэ и пансионатым илъэс 30-м щIигъуауэ щрагъэкIуэкI «Театральная Заваленка» фестивалым. ИкIи, гупым япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщауэ къагъэзэжащ. Абы иужькIэ Къэрэшей-Шэрджэсым зыкъыщагъэлъэгъуащ. ЩIалэгъуалэ театрыр Тыркум ирагъэблагъэри, Анкара щызэхаша фестивалышхуэми хэтащ мы гъэм.
КЪАНКЪУЛ Раисэ.