Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь

 КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щагъэлъэгъуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм траухуа, дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Иван» фильмыр. Ар трахауэ щытащ 2009 гъэм.

 Фильмыр ягъэлъэгъуащ «Хроника Кабардино-Балкарии» фIащауэ ирагъэкIуэкI Iуэхум и зы Iыхьэщ, фашизмым пэщIэта лIыхъужьхэм я фэеплъ лэжьыгъэщ ар. Абы къыщыгъэлъэгъуэжащ Светловодск къуажэм щыщ, Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм гъэру яубыда урыс зауэлI Иван и гъащIэр. КъыщIэпхъуэжа нэужь, итальянхэм я гъусэу ар бийм пэщIэтащ. Иван щыхэкIуэдащ Италием и Альянэ къалэм. Ар щаукIа щIыпIэм деж щыпсэухэм сэлэтым фэеплъ щыхуагъэуващ.

 Лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ фильмыр тезыха режиссёрри ягу къагъэкIыжащ. Вэрокъуэ Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым и кинематографиемрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, дызэрыщыгъуазэщи. Абы къыхуагъэфэщащ «Золотое перо России» саугъэтыр, Зэныбжьэгъугъэ, ЩIыхь орденхэр, УФ-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр. Вэрокъуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ фильми 150-м щIигъу, тхылъ 12. Абы и лэжьыгъэхэм щIэх-щIэхыурэ ироплъэж, щIэупщIэ иIэу зэIэпах.

 Оператор, Вэрокъуэм дэлажьэу, и ныбжьэгъуу щыта Карповский Владимир игу къигъэкIыжащ языныкъуэхэм деж абы зэ еплъыгъуэкIэ яхуэмыгъэзэщIэну къащыхъу къалэнхэр къахуигъэуву зэрыщытар. Псалъэм папщIэ: «Пщэдей бабыщхэм нэтын ятепхыну гуэлым уокIуэ», - жиIэнкIэ хъунут, дунейм и щытыкIэр зыхуэдэнуми емылъытауэ. ИкIи ар Iэмал имыIэу бгъэзэщIэн хуейт. Абы и дежкIэ «схузэфIэкIынукъым» псалъэр щыIэтэкъым. Зыпэрыхьа Iуэхур пылъхьэншэу, нэсу зэфIихырт. Абы и лъэIукIэ зыхуэзыгъэза игъэщIэхъуауэ къысхуэщIэжыртэкъым – дэIэпыкъурт, Iуэхур хузэфIигъэкIырт.

 - Иджырей Iэмэпсымэхэм хуэдэ а зэманым зэрыщымыIам къыхэкIыу, лэжьыгъэхэр иджы хуэдэу мыщхъуэкIэплъыкIэми, фильмхэм цIыху нэсхэм я къекIуэкIыкIар къыщыдгъэлъэгъуэжащи, ар фIыгъуэшхуэщ абыхэм я щIэблэм дежкIэ.

ЩэнхабзэмкIэ фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм и унафэщI Макоевэ Люазэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ щIыналъэм исхэм я дежкIэ Вэрокъуэр режиссёр къудей мыхъуу, и IэнатIэм зэрыхуэпэжым и лэжьэгъухэм гухэхъуэгъуэ къариту, щэнхабзэм, тхыдэм, цIыхухэм яхуэпэжу къызэрыгъуэгурыкIуар. Абы щIигъужащ Владимир и фильмхэр кинематографием япэ лъэбакъуэ хэзычэхэм иджыри илъэс куэдкIэ щапхъэ зэрахуэхъунур, щэнхабзэм купщIэрэ псэрэ зэриIэр къызэригъэлъэгъуар.

 Вэрокъуэр зыцIыхуу щытахэр, щIыналъэм и щэнхабзэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр зылъытахэр щызэхуэса гъэлъэгъуэныгъэр гуапэу екIуэкIащ. «Иван» фильмыр лIыхъужьыгъэм, цIыхугъэм, цIыху пэжым я щапхъэщ.

Мыри къыхэзгъэщынщ: Вэрокъуэ Владимир и лэжьыгъэхэр ЩэнхабзэмкIэ фондым мазэ къэс щагъэлъагъуэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 14:52

Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ.

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ. 

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.