Ди гуапэ зэрыхъущи, мэкъумэш ерыскъыпхъэ къэлэжьынымкIэ унэтIыныгъэ зыбжанэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыпэрытхэм ящыщщ. Абы теухуа хъыбар жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэдыхь Тимур, щIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ IэнатIэм (ЦУР) къыщызэрагъэпэща эфир «занщIэм» къыщыщыпсалъэм.
Уэдыхьым зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм щагъэкI пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм къыхащIыкI фIэIугъэхэм я бжыгъэм илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, илъэс блэкIам къриубыдэу апхуэдэ фIэIугъэхэр зэрылъ банкI мелуан 353-рэ щагъэхьэзыращ ди республикэм. Ар процент 12-кIэ нэхъыбэщ, абы ипэ ита илъэсым еплъытмэ.
Ди республикэр Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм апхуэдэу щыпашэщ нартыху гъэкIынымкIи, а гъавэр къехьэлIэжынымкIи. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къапщтэмэ, абы нартыхуу къыщрахьэлIэжым и процент 40-м нэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ щагъэкIыр. АбыкIэ ди щIыналъэм япэ увыпIэр иIыгъщ: гектарым хуэзэу нартыхуу центнер 66,5-рэ къытрах. Урысейпсо мардэхэм еплъытмэ, ар процент 28-кIэ нэхъыбэщ.
Илъэс блэкIам къриубыдэу ди республикэр къэралым хыхьэ щIыналъэхэм аргуэру пэрыт щыхъуащ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ къахэщIыкIа фIэIугъэхэр гъэхьэзырынымкIэ. Ди деж щылажьэ мэкъумэш хозяйствэ зэмылIэужьыгъуэ псоми зэхэту къыщрахьэлIэжащ тонн мелуаным щIигъу хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ. Ар къэралым къыщагъэкIа апхуэдэ ерыскъыпхъэ лIэужьыгъуэхэм я Iыхьэ плIанэ мэхъу. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым а унэтIыныгъэмкIэ къыщалэжьыр мэхъу процент 63-м щIигъу. Ар узыщыгуфIыкI хъуну ехъулIэныгъэщ.
ТАМБИЙ Линэ.