Урысей Федерацэм и чемпионатым хэтынущ

Шэшэным и къалащхьэ Грознэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 220-м щIигъу.

Ди республикэм и щIыхьыр зыхъумахэм къахэжаныкIащ дыжьын медалхэр абы къыщызыхьахэу килограмм 52-м нэс зи хьэлъагъ цIыхубзхэм я зэпеуэм хэта Мысыр Каринэрэ килограмми 100-м нэблагъэ зи хьэлъагъ цIыхухъухэм я деж щыбэна Уянаев Ислъамрэ. Ахэр я гъасэнщ Емкъужхэ Нурмухьэмэдрэ Рустамрэ, Апхуд  Анзор, Иванов Дмитрий сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ иджыри дзюдоистиплIым зэхьэ­зэ­хуэм етхуанэ увыпIэр яубыдащ. Мысыр Каринэрэ Уянаев Ислъамрэ я гъусэу ахэр хэтынущ жэпуэгъуэ (октябрь) мазэм Екатеринбург щекIуэкIыну Урысей Федерацэм и чемпионатым.
Къэхъун  Бэч. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы