Урысей Федерацэм грепплингымкIэ и чемпионат Ивановэ областым щекIуэкIащ. ТекIуэныгъэхэр яIэу абы къикIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэр.
Къэралым и щIыпIэ 50-м икIа спортсмен 400-м щIигъу зыхэта Урысей Федерацэм и чемпионатыр удэзыхьэх икIи гуащIэ хъуат. МахуитIым къриубыдэу цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ щызэпеуащ грепплинг, грепплинг-ги лIэужьыгъуэхэмкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм дыщэ медалу тIу зыIэрагъэхьащ. Килограмми 100-м нэблагъэхэм я зэпеуэм къыщыпэлъэщын къахэкIакъым Урыс Мухьэмэд. ФIы дыдэу зыкъигъэлъэгъуащ Таппасханов Ислъами. Ар ефIэкIащ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм къыщыпэувахэм.
Урысей Федерацэм и чемпион зэрыхъуам къыдэкIуэу Урыс Мухьэмэдрэ Таппасханов Ислъамрэ иджы Iэмал ягъуэтащ мыгувэу Сербием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтыну. Ахэр ягъасэ Шыхъуэстэн Русланрэ Рустам Юнусрэ.
Хьэтау Ислъам.