УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуэзащ.
Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, республикэм инвестицэ проектышхуэхэр зэрыщагъэзащIэм епха Iуэхухэм. Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ гъэм и сыт хуэдэ зэманми лажьэу щытыну «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым хуэгъэза проектымрэ туризм IэнатIэм республикэм нэхъри зыщегъэужьынымрэ пыщIа къалэнхэм.
Республикэм и Iэтащхьэм вице-премьерыр щыгъуазэ ищIащ республикэм илъэс кIуам игъуэта зыужьыныгъэр зыхуэдэм. Къапщтэмэ, промышленностым къыщIигъэкIым щIышылэм - накъыгъэм процент 11,3-кIэ хэхъуащ, абыкIи щIыналъэм КИФЩI-м япэ увыпIэр, къэралым етхуанэр щиубыдащ. ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр щыщыIэщ социальнэ IэнатIэми. Республикэм щыпсэухэм я хэхъуэр 2025 гъэм и япэ мазищым процент 13,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ, абыкIи Кавказ Ищхъэрэм япэ, къэралым етIуанэ увыпIэхэр щиIыгъыу. Дызэрыт илъэсми пащэнущ бюджетым къыхэкIыу лэжьапщIэ зратхэм я улахуэм процентипщIкIэ хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI Iуэхум.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ мыхьэнэ хэха зиIэ инвестицэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъуми - гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми лажьэ зыгъэпсэхупIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэгъэпэщыным, ИТ-парк щIыным, Тырныауз бгы комбинатыр лажьэу егъэжьэжыным, Налшык къалэм псэупIэ хьэблэщIэхэр, Шэджэм хуабэщ комплексыр, Бахъсэн Ипщэм ГЭС щыухуэным, апхуэдэуи промышленность псынщIэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми зегъэужьыным.
Республикэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ илъэсым и етIуанэ мазищым къриубыдэу къыпэщыта къалэнхэм 2025 гъэм и бадзэуэгъуэм ирихьэлIэу щIрагъэгъуащ. ЛэжьапIэ IэнатIэщIэу 1120-рэ къызэIуахащ (я мурадам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэ), бюджетым щымыщ инвестицэхэр сом мелард 36,2-рэ хъуащ, зыщыгугъам процент 15-кIэ щIигъуу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъку нэхъыщхьэм 2025 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм инвестицэу къыхалъхьам, илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу яхузэфIэкIауэ щытам елъытауэ, процент 18,8-кIэ хэхъуащ, ар Урысейм ику иту щыIэ бжыгъэм нэхърэ нэхъыбэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
Апхуэдэуи хохъуэ ухуэныгъэ, мэкъумэш, сату IэнатIэхэм лэжьыгъэу щызэфIагъэкIми. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къонэж туризм IэнатIэр. ЩIышылэ – мэкъуауэгъуэ мазэхэм республикэм туристу къакIуэм я бжыгъэр процент 14,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи зыплъыхьакIуэ а зэманым ди деж щыIащ цIыху мин 910-рэ. Абыхэм ящыщ мелуан ныкъуэм щIигъум Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ. Абдеж къыщызэгъэпэщащ иджырей зэманым екIу инфраструктурэ, гъуэгуфIхэр, хьэщIэщ екIухэр щыIэщ икIи ахэр нэхъри егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэм пащэ. А зыгъэпсэхупIэм илъэсым къриубыдэу махуэ 224-кIэ лыжэкIэ бгым укъышежэх мэхъу. Мы зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ эко-лъагъуэхэр, абыхэм яфIэфIу зыщаплъыхь щIалэгъуалэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу зызыгъэпсэху туристхэмрэ.
КIуэкIуэ Казбек Новак Александр фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэIэ къызэрытригъэтым, щIыналъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ сэбэп къызэрыхуэхъум папщIэ.