Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ сабиймрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэу къызэралъытэр. Эксперт цIэрыIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, унагъуэм зегъэужьыным хуэгъэпса а къалэнхэр екIуу зэфIэха хъумэ, гъащIэм, псэуныгъэм я унэтIыныгъэ куэдым зыужьыныгъэшхуэ игъуэтынущ, сыту жыпIэмэ, унагъуэр къэралым и зы Iыхьэщ, жылагъуэм и быдапIэщ. Аращ цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ куэдым: лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, гумащIагъым, пэжыгъэм - къежьапIэ яхуэхъур.
Нобэ Урысей Федерацэм щаIэт махуэщIри абы и щыхьэтщ. Мы гъэм 18-нэу ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. УФ-м и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ а махуэшхуэр. ИпэжыпIэкIи, сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщагъэр къызэралъытэр абы и унагъуэ къызэрыгуэкIым иIэ псэукIэм и лъагагъымкIэщ, абы исхэр зыхуей-зыхуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэщ.
ЖыпIэнурамэ, бын зыпI унагъуэхэм ди къэралым яхуищI гулъытэм илъэс къэс хохъуэ. А унэтIыныгъэм хуолажьэ программэ щхьэхуэхэр, быныр пIыным, псэупIэ унэхэр егъэфIэкIуэным, унагъуэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми хуэгъэпсауэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, бын зыгъуэт унагъуэхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэрызащIигъакъуэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ унагъуэр хъума хъун, зэщхьэгъусэхэм яку псалъэмакъ мыщхьэпэхэр къыдэмыхъуэн папщIэ, сыту жыпIэмэ, «фIыуэ ялъагъур я гъусэмэ, пщыIэм щIэсми арэзыхэр» мащIэ дыдэщ, щIэблэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэщыным, гъэсэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ етыным епха жэуаплыныгъэр иджырей адэ-анэхэм, зэщхьэгъусэхэм нэхъ куууэ зыхащIэри. КъинэмыщIауэ, а дэIэпыкъуныгъэхэм ирегъэфIакIуэ щIыналъэхэм щыщыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэхэри абы нэхъри трегъэгушхуэ.
ЦIыху гъащIэм апхуэдиз мыхьэнэ щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Махуэшхуэр къэрал псом зэрыщаIэтым и мурад нэхъыщхьэр унагъуэшхуэхэм, быныфI къызыщIэува зэщхьэгъусэхэм, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэу, жылагъуэм щапхъэу къыщахь ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хэха, гулъытэ яхуэщIынырщ. Илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ апхуэдэу екIуу къызэдэгъуэгурыкIуа зэщхьэгъусэхэм папщIэ къэралым щагъэуващ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» медалыр. Ар махуэшхуэм ирихьэлIэу ират унагъуэ дахэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъ хэхахэр, махуэшхуэм и дамыгъэу ягъэува шынэ-шынэ (ромашка) зыхэлъ удз гъэгъа Iэрами щIыгъужу. ЗэрыжаIэмкIэ, а удз гъагъэ хужь цIыкIур куэдым фIыуэ ялъагъу, къабзагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэщэнэуи къалъытэ.
Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм мы зэманым щолажьэ бын зиIэ унагъуэхэм социальнэу ядэIэпыкъуным хуэгъэпса программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэм папщIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, республикэм и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм пщIэншэу бынхэр зэрыщагъэIэфыр, СВО-м зи адэхэр хэт ныбжьыщIэхэри абы хэту.
Унагъуэм и илъэсыр нэгъабэ республикэм Iэтауэ къыщызэIуахауэ щытащ. Гъэр иухами, мы зэманми ди щIыналъэм щокIуэкI а Iуэхум хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэпеуэхэр, псапащIэ Iуэхухэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэхэщ «Илъэсым и унагъуэ», «Унагъуэр лъэпкъ хабзэхэм я хъумакIуэщ» урысейпсо зэпеуэхэр, «Си унагъуэ» сурэт зэхьэзэхуэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри. Абыхэм хэтщ икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыщахь Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ дахэ куэд. Унагъуэшхуэхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпсауэ КъБР-м щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэкIуэ ахъшэхэр абыхэм зэрыщхьэщатыкIыр.
А псомкIи нэрылъагъу мэхъу ди къэралым и Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ цIыхухэм, псом япэрауэ, бын зыпI унагъуэхэм, дэIэпыкъуныгъэшхуэ зэрагъуэтыр. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэр нэхъыбэ хъу зэпытщ, цIыхухэм я псэуныгъэм и фIагъми хагъахъуэ. УФ-м Президент Путин Владимир иджыблагъэ екIуэкIа «ЗэманыщIэм хуэгъэпса гупсысэ лъэщхэр» урысейпсо зэхуэсым и утыкум иджыри зэ къыщытеувыIащ унагъуэм жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр зэрыиным. Абы зэрыжиIамкIэ, нэхъыжьыIуэхэри нэхъыщIэхэри зыщIэс унагъуэшхуэхэм адэкIи зыщегъэужьыжын хуейщ къэралым. Апхуэдэущ къыддекIуэкI хабзэхэр, лъэпкъ фIыгъуэхэр, лъапIэныгъэхэр зэрыпхуэхъумэнур. Абы къыхэкIыуи къэрал унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащIынущ унагъуэхэм заужьыным, ахэр быдэ хъуным, зэпэщу псэуным.
КъинэмыщIауэ, жылагъуэм зыщызыубгъуу хуежьа нобэрей махуэшхуэм ирырагъэхьэлIэурэ, зэгуэкIуа пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ ящыщ куэдым я хьэгъуэлIыгъуэр бадзэуэгъуэм и 8-м трагъахуэ, махуэшхуэм къежьапIэ хуэхъуауэ къалъытэ щихъхэу Февроние пщащэмрэ Пётр пщымрэ зэрыщытам хуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу, зэрылъытэу, зэхуэпэжу, насыпыфIэу зэдэпсэуныр я хъуэпсапIэу.
Нобэрей махуэшхуэмкIэ псоми дынывохъуэхъу. Фи унагъуэхэм илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ хэхъуэ зэпыту, щIэблэ узыншэ къыфщIэхъуэу, фынасыпыфIэу, мурад дахэу фиIэхэр къывэхъулIэу фыпсэуну ди гуапэщ. Ди адыгэ унагъуэхэм ящыщ дэтхэнэри ирехъу лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр, фIыгъуэхэр, дуней псом фIыкIэ дызэрыхэIуа хабзэмрэ нэмысымрэ пщIэ щыхуащI, щахъумэ хэщIапIэ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.