Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ. Ахэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, апхуэдэуи щIыналъэ мылъкуи халъхьэу.
Лэжьыгъэу зэфIахым я нэхъыщхьэщ икIи нэхъ гугъухэм ящыщщ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу жылэхэм я зэхуаку дэлъыр. А лэжьыгъэхэр гугъу зыщIыр бгылъэ щIыпIэхэм зэрыщекIуэкIымрэ гъуэгум щыщ Iыхьэшхуэ псы Iуфэм и гъунэгъуу зэрыщытымрэщ. Мыбдеж къыщагъэсэбэп инженер-технологие лъагэхэм ятещIыхьа бгъэдыхьэкIэщIэхэр, пэрытхэр. Апхуэдэу Iуэхум ирахьэлIэ иджырей Iэмэпсымэхэр, транспорт хэхахэр. Гъуэгум и кIыхьагъыр псори зэхэту километр 64-рэ мэхъу. А проектыр диIыгъащ ди къэралым и Президент Путин Владимир.
- Мы зэманым ухуакIуэхэр йолэжь а гъуэгушхуэм щыщу Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ Булунгу нэс Iыхьэу километр 25-рэ хъум. Абы къыдэкIуэу зэрагъэпэщыж лъэмыжи 9, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым тепсэлъыхьу. - Гъуэгухэм я лъабжьэр ягъэбыдэ, гъуэгубгъум Iутынухэр зэрагъэтIылъынур траухуэ, псыжапIэхэр хуащI. А Iуэхухэр щызэфIах Булунгу, Эльтюбю жылэхэм япэгъунэ- гъуу.
Дызэрыт илъэсыр имыкI щIыкIэ зэфIагъэкIынущ гъуэгухэм я лъабжьэр гъэтIылъыным, асфальтым и япэ Iыхьэр телъхьэным, гъуэгу Iуфэхэм Iутынухэр гъэувыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Республикэм и адрей гъуэгухэм хуэдэу, мыбдежми къыщагъэщIэрэщIэжынущ гъуэгум тет дамыгъэхэр.
А псоми IэмалыфIхэр къатынущ бгылъэ гъуэгухэм я шынагъуэншагъэм нэхъри хэгъэхъуэнымкIэ, апхуэдэуи зи нэгу зезыгъэужьхэм, хьэрычэт Iуэхум дихьэххэм я бжыгъэри нэхъыбэ ищIынущ, цIыхухэр къезышэкI транспортым и лэжьыгъэри иригъэфIэкIуэнущ.
Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, лэжьыгъэр псори зэфIэха хъунущ илъэс къэкIуэнум къриубыдэу.