«БлэкIам пIалъэ иIэкъым»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэ­хэр ди щIы­налъэм къыщихьам хьэкIэ­кхъуэкIагъэу зэрахьар зыхуэдэм теухуауэ. Ар къызэзыгъэпэщар Къэбэрдей-Балъкъэрым «БлэкIам пIалъэ иIэкъым» и жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Рома­новскэ Аннэщ. 

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къы­зэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур и тегъэ­щIапIэу, мы гъэр иухыхукIэ ирагъэкIуэкIыну траухуа зэIущIэхэм ящыщт мыри. Абы зы­кърагъэхьэлIат КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIы­хубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр ­Бозий Аскэр, къэралым и Архив ­хъумапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къуда­мэм дэфтэр­хэр къэгъэсэ­бэ­пынымрэ Iэмалхэм лъыхъуэ­нымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Больжат На­талье, КъБР-м и Прокуратурэм фе­деральнэ шынагъуэншагъэмкIэ, лъэпкъ зэхущыты­кIэ­хэмкIэ, экстремизмэмрэ тер­роризмэмрэ япэ­щIэтынымкIэ хабзэхэр зэ­рагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Малкандуев Мухъ-тар, респуб­ликэм и Лъэпкъ музейм и уна­фэщI Накуэ ­Феликс, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыIэ къэ­рал архив хъу­мапIэм и уна-фэщI Пщыбий ­Андзор сымэ, ­нэгъуэщIхэри. 
- Дунеижьыр къызэриухуэрэ зауэзэрылIу мащIэ екIуэкIакъым. Ди щIыгу дахэм теп­щэ зыхуащIын я мураду, хамэ къэралы­гъуэхэр ноби къытхуодзэлашхэ ди Хэкур зыIэрагъэхьэну. Ауэ нэхъ гугъу дыдэу екIуэкIа ЕтI­уанэ дунейпсо зауэм текIуэ­ныгъэр къы­щып­хьын жыхуэпIэр къызэрыгуэкI Iуэху цIыкIу­тэкъым. Хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ щIапIыкIа ди совет цIыху къызэ­рыгуэкIхэр къамылэнджэжу пэщIэтащ ди ТекIуэныгъэкIэ иуха за­-уэ гущIэгъуншэм. Ди щIыгум и хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэрызыгъэхьэну къежьа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм лъапсэрыхыр къыхуагъэ­кIуащ ди цIыху гуащIафIэхэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а зауэзэрылIым цIыху мелуан бжыгъэхэм я гъащIэр ихьащ. Дэ ар зэи зы­щыдгъэгъупщэ мыхъун Iуэхущ, щIэблэми ­едгъэщIапхъэщ, - жиIащ Бозий Аскэр.
Накуэ Феликс къыщыпсалъэм къыхигъэщащ блэкIам и щыпкъапIэр зэхэгъэкIыным, тхыдэр зэблэзыхъухэм япэщIэтыным хуэ­гъэзауэ музейхэр, дэфтэр хъумапIэхэр, фэ­еплъхэр пхуэмыIуэтэщIын хуэдиз «быдапIэу» зэрыщытыр. 
- Зауэ гуащIэм зи гъащIэр ихьахэр мащIэкъым. Дэ ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, щIалэгъуалэри абы щыдгъэгъуэзапхъэщ. Апхуэдизу екIуэкIа зауэ хьэлъэм псэ­емыблэжу хэта ди нэхъыжьыфIхэм я пщIэр Iэтыныр, ахэр гъэлъэпIэныр дэтхэнэ зыми ди къалэн нэхъыщхьэщ. КъыжыIапхъэщ тхы­-дэр зэблэзыхъухэм япэщIэтынымрэ ди блэкIам и фэеплъ нэхур хъумэнымкIэ му­зей зэгухьэныгъэм, лъыхъуакIуэхэм къагъуэ­тыжахэр я тегъэщIапIэу, ягъэзащIэ лэжьыгъэм хуэдгъэдэн зэрыщымыIэри. Псалъэм папщIэ, ди музеймрэ абы и къудамэу республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэхэмрэ, тхыдэм и адрей напэкIуэцIхэм къадэкIуэу, Хэку зауэшхуэм ехьэлIауэ щы­зэ­хуахьэсыжахэм гъуни-нэзи иIэкъым. Ахэр сыт жытIэмэ, Хэкур тхуэзыхъума ди зауэлI­хэм къыздрахьэкIа сурэтхэу, жьы хъуа хьэп­шыпхэу, Iэщэ-фащэм я пкъыгъуэ гуэрхэу ди республикэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къы­щагъуэтыжахэрщ. Мис зэрыфлъагъущи, мы пэшым щызэхуэхьэсауэ щызыдохьэ, хьэщIэ къытхуэкIуэхэм ядогъэлъагъу. 1941 гъэм фашистхэм къыдащIылIа зауэ гуащIэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы зэманми йокIуэкIыр. Ауэ догугъэ ди насып текIуэну. «Псэм ипэ напэ», жыхуиIэ псалъэжьым тетащ ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэр. Абы хуэфа­-щэу дэри дыщытыпхъэщ, - жиIащ Накуэ Феликс. 
А зэман хьэлъэм ди щIыналъэм щытра­хауэ къагъуэтыжауэ щыта кино кIэщIхэр, сурэтхэр Накуэ Феликс игъэхьэзыра видео IэмалхэмкIэ игъэлъэгъуащ. 
АдэкIэ къэпсэлъащ Пщыбий Андзор. 
- Архивым лэжьэн щыщIэздза илъэсхэм щегъэжьауэ куэду седжащ ди лъэужьыр ­зыгъэгъущыну Хэкум къизэрыхьа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм и Iэужьхэм теухуа тхыгъэхэм. Гукъутэу цIыху мащIэ ягъэкIуэдакъым а хьэкIэкхъуэкIэхэм. Абы теухуауэ къагъуэтыжа дэфтэрхэм уще­джэм и деж, сыгъащэрэт жыбоIэ, икIи уи ­нэп­сыр къызэпимыжыхьыу уеджэфыр-къым. Ди щIыгум псы изыгъэжыхьыжу зэ­зыпхъуэну хэтахэм Тхылъ хъумапIэ дапхуэдиз зэтрагъэсхьа гущIэгъуншэу. Абыхэм лейуэ зэрахьар зыхуэдизым щIэблэр щыдгъэгъуэзапхъэщ. Зауэм теухуауэ ди тхакIуэ нэхъыфIхэм IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу школхэм щедгъэджыпхъэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэр къыздэсым къамыхута куэди щыIэщ,- жиIащ Пщыбийм. 
Нобэр къыздэсым лъыхъуакIуэхэм къа­гъуэтыж хьэдэкъупщхьэхэр, зауэм епха хьэп­шыпхэр. Хэку зауэшхуэм ижь зыщIихуа нэхъыжьыфIхэм я гукъэкIыжхэмрэ ар зэ­-рекIуэкIам теухуауэ къыкъуэкIыж дэфтэрхэм­-рэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ахэр зы хэ­кIыпIэщ нэ­гъуэщI къэралхэм щыщу ­тхы­дэм и пэжы­пIэр зэблэзыхъуну хущIэ­къухэм иужьрей зэма­ным зэхаубла Iуэхугъуэ мы­фэмыц­хэм япэ­щIэтынымкIи ди адэжьхэм я блэкIам щIэблэм пщIэ хуе­гъэ­щIынымкIи. 

КЪАНКЪУЛ  Раисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.