Зи лъагъукIэр утыку къизыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хэт галереем щокIуэкI «Ах, мой Чегем…» гъэ­лъэгъуэныгъэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ УФ-м и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт скульптор Черкесов Тахир къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къа­ныкъуэ Жаннэ зи махуэр зыгъэлъапIэ Черкесов Тахир ­ехъуэхъуа нэужь, жиIащ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIа скульптурэхэр мыбдеж зэрыщигъэлъагъуэр, Iуэ­ры­Iуатэр лъабжьэ зыхуэхъуахэр абыхэм куэду зэрахэтыр, и дэтхэнэ зы лэжьыгъэри зэрыгъэщIэгъуэныр, гупсысэ зэ­ры­щIэлъыр, кIуэ пэтми зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ скульпторым и лэжьыгъэфIхэм дяпэкIи ды­пэплъэ зэрыхъунур.  
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ скульпторым и IэдакъэщIэкIхэм узэрыдахьэ­хыр, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэ­рызэпыщIа къуэпсхэр гъэ­щIэгъуэныщэу къызэригъэлъагъуэр, Кавказым щыпсэу цIыху къызэрыгуэкIхэр, и щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр - а псори дэтхэнэми зыхищIэфын хуэдэу зэригъэпсыр. 
ЗэIущIэм хэтахэр скульпторым ехъуэхъуащ узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу дя­пэкIи дахагъэ къигъэщIыну, ­гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуи­щIыну, и лэжьыгъэхэр зигу ды­хьэхэр игъэгуфIэну. 
Лермонтовым и цIэр зезыхьэ комитетым и унафэщIхэм ящыщ Додуев Аскэр бгъэхэIу медалыр (Кулиев Къайсын къы­зэралъхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ) Черкесов Тахир иритащ.  
Скульпторым фIыщIэ яхуи­щIащ гъэлъэгъуэныгъэм зы­кърезыгъэхьэлIахэмрэ псалъэ гуапэ къыхужызыIахэмрэ. Абы жиIащ и лэжьыгъэхэр ягу дыхьэмэ, къыпэ­джэж­мэ на­сыпышхуэу къызэрилъытэ-нур. 
Пхъэм, гипсым ирилажьэ ­скульпторыр 1960 гъэм Шэ­джэм Ищхъэрэ къуажэм къы­щалъхуащ. Пензэ къалэм и художественнэ училищэр къиухащ 1987 гъэм. 

Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг