ЛIэщIыгъуэ блэкIам и тхущI гъэхэм я пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и жэмышхэм зэхаублауэ щыта зэхьэзэхуэм куэдым я цIэр жыжьэ щигъэIуащ, пщIэрэ щIыхьрэ къахуихьащ. Абыхэм ящыщщ зи гъащIэ псор лэжьыгъэшхуэрэ цIыхугъэ лъагэкIэ гъэнщIауэ къэгъуэгурыкIуа, зыпэрыта IэнатIэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэр хьэлэлу езыта Пащты Салимэ Мэзан и пхъур.
Салимэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Куба къуажэм дэса мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1900 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м къыщалъхуащ. 1930 гъэм ар хыхьащ а жылэм щызэхэта колхозым икIи абы щыгъуэ къыхихауэ щыта жэмыш IэщIагъэр зы махуи къигъэнакъым, и къарум къихьыхункIэ хуэпэжу къекIуэкIащ.
1943 гъэм и щхьэгъусэр Харьков деж зэрыщыхэкIуэдам и хъыбар жагъуэр удынышхуэу къыжьэхэуами, гуауэм къигъэшакъым, и бгыр щIикъузэри, я къуэ закъуэр зэрипIыжыным, жылэм къакIэрымыхуу и Iуэху Iыхьэ зэрищIэным и акъылыр триухуащ. Мис апхуэдэу ар те-хьащ лIыхъужьыгъэм хуэзыша гъуэгум.
Республикэм и жэмышхэм я зэхьэзэхуэм зиубгъу зэпытт. Псом хуэмыдэу, ар зэщIэплъат Къэбэрдейр Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 400 щрикъу 1957 гъэм. Жэмыш пашэхэм къызэдащтат гъэшу къалэжьым процент 35-кIэ хэгъэхъуэным теухуа къыхуеджэныгъэр. Абыхэм я зэпеуэм дихьэхыу кIэлъыплъырт республикэм и унафэщIхэри, мэкъумэш IэнатIэм и я IэщIагъэлIхэри. Жэмыш пашэхэу Къаскъул Муслъимэт, Жамборэ Уэс, Ало Башир, АфэщIагъуэ Нащхъуэ, КIыщ Чэзим, Пащты Салимэ сымэ, нэгъуэщIхэми я цIэр дэнэ щIыпIи щызэхэпхырт. Абы щыгъуэ дэтхэнэми илъэсыр иухащ зыхуигъэувыжа къалэным щIригъэгъуауэ.
1958 гъэм Пащты Салимэ къыхилъхьащ, Сталинград областым и Iэщыхъуэхэм я щапхъэм тету, яIыгъ жэм къэс хуэзэу махуэм шэ пут къыщIашыну. Абы зезыпщытыфынур зи къарум щыгугъыж, зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI гумызагъэхэрт. ИкIи, куэд дэмыкIыу, республикэм и жэмыш пщIы бжыгъэхэм я гъунапкъэщIэр къащтащ. Пащ-ты Салимэ игурэ и щхьэрэ зэтелът, нэгъуэщIхэр зылъэщIигъэхьэртэкъым. А илъэс дыдэм дэтхэнэ жэмми хуэзэу килограмм 6035-рэ, къыкIэлъыкIуэ гъэм килограмм 6329-рэ къишащ. КъызэрыгуэкI къуажэдэс цIыхубзым дежкIэ ар ехъулIэныгъэшхуэт. Салимэ и жэрдэмыщIэхэр республикэм и Iэщыхъуэхэм гъуазэ яхуэхъуати, я гуапэу къыдащтащ. Абы и щапхъэм тету, жэмыш 40-м нэблагъэ пашэхэм яхыхьащ, илъэсым зы жэмым хуэзэу къыщIа-шыр килограмм 3500 - 4000-м нагъэсу. Гугу Розэ, Гуппоевэ Маймулэт, Къэжэр Мелыхъан, Къущхьэ Абужан, нэгъуэщI куэдхэми я цIэр Пащтым ейм щIыгъуу зэIущIэшхуэхэм къыщраIуэрт, я су- рэтхэм ЩIыхь пхъэбгъухэр ягъэдахэрт.
Салимэ и зэфIэкIымрэ и гуащIэшхуэмрэ гулъытэншэ хъуакъым - ЦIыхубзхэм я дунейпсо зэщIэхъееныгъэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу, 1960 гъэм гъатхэпэм и 7-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Къэралым и нагъыщэ нэхъыщхьэхэр - Ленин орденымрэ «Гъубжэрэ Уадэрэ» дыщэ медалымрэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм Сталиным и цIэкIэ щыIэ колхозым и жэмыш пашэм Кремлым къыщратыжащ. Апхуэдэу «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» орденыр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, Совет зэхуэмыдэхэм я депутату хахащ.
Пащты Салимэ и цIэр Куба къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым зэрехьэ.
Анзорыкъуэ Аслъэмырзэ.