Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэм теухуа унафэ къыщащтащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и гъатхэ сессиер зэрызэхуащIыж зэIущIэу абы и президиумым иригъэкIуэкIам.
Республикэм и Парламентым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, ар зэхалъхьащ Зэрызыхуигъазэм къыщыхьа Iуэху нэхъыщхьэхэр я лъабжьэу икIи Iуэху тIощIым щIигъу къызэщIеубыдэ. Къапщтэмэ, законопроект зыбжанэм елэжьыну, «правительствэ сыхьэтхэр», «комитетым и сыхьэтхэр», «стIол хъурейхэр», комитетхэм я лIыкIуэхэр хэту щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщ нэгъуэщI зэIущIэ зыубгъуахэр ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и комитетхэм я УнафэщIхэм пщэрылъ щащIащ ягъэува къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуа хъыбар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и УнафэщIым ирагъэщIэжыну, гъатхэ, бжьыхьэ сессиехэм къарикIуахэм япкъ иткIэ.
Депутатхэм даIыгъа къэрал законопроектхэм ящыщщ УФ-м Административнэ хабзэр къызэпызыудхэм ятеухуа и кодексым, УФ-м и ПсэупIэ кодексым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр.
ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэлъыхьащ Амур областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым УФ-м Административнэ хабзэр къызэ-пызыудхэм ятеухуа и Кодексым и 3.5, 14.14 статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ къыхалъхьа жэрдэмым, Саха Республикэм (Якутие) и Къэрал Зэхуэсым (Ил Тумэн) «Псыхэм зэран зэрахуэхъуам папщIэ тралъхьэ тезырхэр зыхуэдизынур убзыхуным и IуэхукIэ» УФ-м и Правительствэм къыдигъэкIа унафэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, КъуэкIыпIэ Жыжьэ щIыналъэм и псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм папщIэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ пкъыгъуэхэр зэры-хуаутIыпщ щIыкIэр зэкIэлъыгъэкIуэн Iуэхум теухуауэ УФ-м и Правительствэм зэрызыхуигъэзам.