ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык къалэ дэтым) мэкъуауэгъуэм и 28-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ ЩIалэгъуалэм я махуэр. Концертыр ирагъэкIуэкIащ Громов Денисрэ Благодарная Каринэрэ.
Концертыр Урысейм и ГимнымкIэ къызэIуаха нэужь, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къеджащ республикэм и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм. Абы итт:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр ди къэкIуэнур зэлъытахэрщ. Хэкур егъэфIэкIуэным фи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ зэрефхьэлIэр щхьэпэщ Урысейр нэхъ къарууфIэ хъуным. Быдэу си фIэщ мэхъу республикэм зезыгъэужьыну жэрдэмыщIэхэр къызэрыхэфлъхьэнумрэ ахэр зэрывгъэзэщIэнумрэ.
КъБР-м ЩIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, япэу къапщытащ щIыналъэм и районхэм щIалэгъуалэм яхуэгъэзауэ щащIэм къыпэкIуэр. АбыкIэ пажэ хъуахэм хуагъэфэща дамыгъэхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратыжащ къуажэ, район унафэщIхэм. Япэ увыпIэр Тэрч щIыналъэм, етIуанэр - Май, ещанэр - Шэджэм районхэм къахьащ. КъинэмыщIауэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ Iуэхухэм къыхэжаныкIахэр, «Зарница 2.0» дзэ-патриот джэгукIэм щытекIуахэр ягъэлъэпIащ. Апхуэдэу, дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлI 14-м фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр иратащ, хэкупсэ гъэсэныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэр къалъытэри. ЯгъэлъэпIахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъум яхузэфIэкI халъхьэ щIалэгъуалэм. Абыхэм мазэкIэ ирагъэкIуэкIа псапэ Iуэхухэм республикэм исхэр жыджэру хэтащ: цIыху щхьэхуэхэм, IуэхущIапIэхэм ахъшэ зэхадзащ, яшхын, щатIэгъэн зэхуахьэсри, ди щIалэхэм хурагъэшащ. Концертыр щекIуэкI пэшым ашыч щагъэуври, мы Iуэхум щыпащащ. Зэхуахьэса ахъшэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ трагъэкIуэдэнущ.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм фIыщIэ яхуищIащ цIыхухэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр зэрахъумэм папщIэ. Абы жиIащ, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхур къагъэсэбэпу, хабзэхэр хъумэным, нэхъыжьхэм гулъытэ яхуэщIыным, унагъуэхэр гъэбыдэным, республикэм зегъэужьыным теухуа Iуэху щхьэпэхэр зэрахузэфIэхынур.
ЩIалэгъуалэм хъуэхъу гуапэкIэ зыхуагъэзащ Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие, ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и УнафэщI Берд Хьэзрэта-лий, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советымрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ я Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, нэгъуэщIхэми.
Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ нэхъыфIхэм. Апэнэс Астемыр концертыр зэхуищIыжащ щIалэгъуалэм я гимнымкIэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.