Балигъ гъащIэ къапоплъэ

Налшык къалэ дэт курыт школ №5-м мэкъуауэгъуэм и 28-м аттестатхэр щратыжащ еджакIуэхэм. 

А махуэ лъапIэр ныбжьыщIэхэм да­Iыгъыну школым къекIуэлIащ адэ-анэ­хэмрэ хьэщIэ лъапIэхэмрэ: КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдз Хъубий Марат, Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. 
Курыт школыр къызэраухам папщIэ ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ Егоровэ Татьянэ: 
- Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сы­нывохъуэхъу фи гъащIэм щынэхъыщ­хьэ зы махуэмкIэ – еджапIэр къызэрывухамкIэ. Япэ уэзджынэм къыщыщIэдзауэ ­балигъ фызэрыхъуам щыхьэт техъуэ аттестатыр къыфIэрыхьэжыху гъащIэм щыщ пIалъэ гъэщIэгъуэн фыкърикIуащ. Абы къегъэлъагъуэ гъащIэм и зы Iыхьэ дахэ къызэрызэвнэкIар. Мы илъэсхэм щIэныгъэм фыхэзышэ лъагъуэхэм фыкърикIуащ, гурыщIэ куэд зыхэфщIащ, ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэтащ. Сэ зы шэч къытесхьэркъым фи егъэджакIуэхэм яхуэфщI фIыщIэр иджыри куэдрэ фигу зэрилъынум, фи классэгъухэр, ныб­жьэгъухэр, мыбы щIэуэ къыщыфщIахэр, фиIа ехъулIэныгъэхэр зэрыфщымы­гъупщэнум. Фэ балигъ гъащIэ гъуэгу кIыхь къыф­пэщылъщ, дяпэкIэ фи щхьэ и унафэ фщIыжын хуейщ. 
Iуэхугъуэ куэдым фыхэдэну къыфхуихуэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэра­лым Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къывет лъэ быдэкIэ гъащIэм фыхэувэфын щхьэкIэ. Дэтхэнэри езым и гъуэгум теувэжы­-    нущ. Фымышынэу къалэн гугъухэр, мы­хьэнэ зиIэхэр зыхуэвгъэувыж. ЦIыху Iущ гуэ­рым зэрыжиIауэ, зыгуэр пхузэ­фIэмыкIыну шэч къызэрытепхьэу, зэ­фIэ­хыгъуей мэхъу. ЕхъулIэныгъэм и хэкIыпIэ убзыхуа щыIэкъым. Фэ абы фы­зэ­ры­хуэкIуэну ­гъуэгур тыншу щы­мытынкIи мэхъу, ауэ ­Iэмал куэд щыIэщ а узыщIэ­хъуэпсыр зыIэрыбгъэхьэфынымкIэ. Абыхэм ящыщщ­ лэжьыгъэр фIыуэ лъа­гъуныр, зыхуэбгъэувыжа мурадым ерыщу ухуэкIуэныр, цIыхухэм я пащхьэ жэ­уаплыныгъэ щыпхьыныр, уи Хэкур фIыуэ плъагъуныр. Фэ фыщIалэщ, фыкъаруу­фIэщ, фыакъылыфIэщ, фыдахэщ. Фы­тегушхуэ! Фэращ зэлъытар фызы­щIэхъуэпс псори къывдэхъуныр! 
Нобэ фэ къывоух республикэм и егъэ­джэныгъэ IуэхущIапIэхэм я нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыр. Сэ мы школыр къы­зэрызухам срогушхуэ. Фэри апхуэдэу ­фигу хэхъуэу фи еджапIэр фигу къы­зэрывгъэкIыжынур си фIэщ мэхъу. 
ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ фи егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ. Абыхэм я дежкIи махуэшхуэщ нобэ. Егъэджа­кIуэ­хэм лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ щIэ­ныгъэ къывбгъэдалъхьащ, фи адэ-анэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ сыт щыгъуи зыкъыфщIагъэкъуащ. 
НыбжьыщIэхэ! Сытри зэрыфхузэфIэ­кIынур фщIэжу дунейм фытет! КъэкIуэнум тегушхуауэ фыхуэкIуэ! Узыншагъэ быдэ, насып куу Тхьэм къывит! Гъуэгу ­махуэ! 
Курыт школ №5-р къэзыуххэм ехъуэ­хъуащ еджапIэм и унафэщI Емуз Светланэ: 
- Пщэдей балигъ гъащIэм фыхобакъуэ. А лъэбакъуэр быдэу къыщIэкIыну, лъэ быдэкIэ дунейм фытетыну сыныво­хъуэхъу. ЦIыхум нэхъыщхьэ дыдэу хэ­лъын хуей щэнхэр - цIыхугъэр, гуапагъэр, лъагъуныгъэр, зыр адрейм дэIэпыкъу­ныр - сы­тым дежи фхэлъу фыкъэгъуэгу­рыкIуэ. Псори насыпыфIэ фыхъуну сы­хуейщ! Дэтхэнэри фызыщIэхъуэпсыр Тхьэм къывигъэхъулIэ! 
А пщыхьэщхьэм гулъытэ хэха хуащIащ нэхъыфIу еджахэм. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ абыхэм яритыжащ аттестатхэмрэ «За особые успехи в учении» медалымрэ.
Пшыхьыр езы ныбжьыщIэхэм ягъэ­защIэ къафэхэмрэ уэрэдхэмкIэ гъэн­щIауэ щытащ, абыхэм фIыщIэ мыухыж хуа­щIащ егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэ­хэмрэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 14:52

Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ.

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ. 

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.