«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр дызэрыт илъэсми Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ, къитащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм, - сымаджэщхэри хэту, ухуэзышэ гъуэгухэр егъэфIэкIуэнымрэ абы щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ. Мы гъэм абы храгъэубыдэнущ Малкэ, Ташлы-Тала, Нейтринэ жылэхэм я гъуэгухэр, псори зэхэту километр I3-м нэблагъэ я кIыхьагъыу.
Малкэрэ Ингушлирэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгу Iуфэм сымаджэщ Iутщ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI. УхуакIуэхэм гъуэгу щхьэфэм телъ асфальтыжьыр тратхъунщIыкIауэ щIэ тралъхьэ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкI. Нейтринэ къуажэм дэт фельдшер-акушер пунктым хуэкIуэ гъуэгу закъуэри зыхуей хуагъазэ. Мыбдежми лэжьыгъэхэр зыхуэунэтIар цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ.
Ташлы-Тала и автомобиль гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьэ, мывэхэр кърагъэтIылъэкI, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдий. ИужькIэ уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, гъуэгу дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ.
Республикэм и къуажэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр 2025 гъэм и кIэхэм зэфIагъэкIынущ.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат УФ-м и щIыналъэхэм я муниципальнэ автомобиль гъуэгухэр егъэфIэкIуэным, зэгъэпэщэжыным е щIэуэ укъуэдииным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ апхуэдэ лэжьыгъэхэр псори зэхэту километр мини 3,2-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэм зэрыщрагъэкIуэкIынур икIи абыхэм щынэхъыщхьэу щытынур, абыхэм щызекIуэ цIыху мелуан 82-м я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ. 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр мелуани I20-м нагъэсын гугъэхэр щыIэщ. Абы щхьэкIи къэралым и автомобиль гъуэгухэм я процент 85-р щыIэ мардэхэм хуэкIуэу щытын хуейщ.
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.