КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ зи IэнатIэм псэ хьэлэлкIэ пэрыту республикэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэ цIыхубэр щагъэлъэпIа зэIущIэ гуапэ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым, КъБР-м и Парламентым я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща цIыху 50-м щIигъум яритыжащ Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, КъБР-м и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым жиIащ:
- Нобэ Парламентым къыбгъэдэкI дамыгъэхэр еттыну къедгъэблэгъащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрызыгъэхьахэр. Куэд щIакъым КъБР-м и Iэтащхьэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъазэрэ, абы республикэ УнафэщIым щыжиIащ, дызэрыт зэманым щыIэ гугъуехьхэм емылъытауэ, республикэр ипэкIэ зэрыкIуатэр. Экономикэм зэпIэзэрыту зеужь, абы и фIыгъэкIэ республикэм и мылъкум хохъуэ, ахэр сэбэп мэхъу псэуныгъэм ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ, щIыналъэм и зэIузэпэщыныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI щIынымкIэ.
А псом фэри фи фIыщIэ хэлъщ. Нобэ Парламентым къыфхуигъэфэщэну дамыгъэхэр республикэм и Iулы-джыр нэхъри Iэтыным фи гуащIэ зэрыхэфлъхьэм къыпэкIуащ. Дэ фIыуэ къыдгуроIуэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и нобэ-рей щытыкIэри и къэкIуэнури фIы хъун папщIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди пащхьэ къит къалэн инхэр дызэрыщIэу, дызэдэлажьэу зэфIэтхын хуейуэ аращ. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыми ещIэ и IэнатIэм щиIэ ехъулIэныгъэр республикэпсо зыужьыныгъэм и Iыхьэу зэрыщытри.
Шэч хэлъкъым зэвгъэхъулIахэр гуащIэдэкI псэхьэлэлым, лэжьыгъэм гурэ псэкIэ фызэрыпэрытым къызэрыпэкIуам. ИкIи си фIэщ мэхъу фи лэжьэгъухэм я мызакъуэу, IэнатIэ пэрыхьагъащIэ щIалэгъуалэми щапхъэ фазэрыхуэхъур.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI икIи щыхьэт сытохъуэ зыхуэвгъэувыжа мурадым ерыщу фызэрыхуэкIуэм, Iэзагъышхуэ зэрывбгъэдэлъым, къару мыкIуэщI зэрыфхэлъым Урысейми ди ресубликэми я зыжьыныгъэм сэбэп хуэхъуну ехъулIэныгъэ куэд къызэрыпэкIуэнум.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм щагъэлъэпIахэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, насып, мамырыгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ яIэну.
КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэр иратащ къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм я лэжьакIуэхэм, хабзэхъумэ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, мэкъумэш, щэнхабзэ, спорт, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къыщыхэжаныкIахэм.
Апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым щыщу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ Егоровэ Татьянэ.
ЗэIущIэм хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.