Япэ тренерыр ягу къагъэкIыжу

Самбэ

Тэрч къалэм дэт «Тэрч Олимп» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэм самбэмкIэ и япэ тренер Пэнагуэ Казбек и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщ куэдым я бэнакIуэхэр, Адыгейм, Краснодар крайм, Астрахань областым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я командэхэри хэту. А махуэм бэнакIуэ утыкум къихьащ цIыху 200-м щIигъу, гупийуэ гуэшауэ. 
Зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэмрэ спортсменхэмрэ псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий, КъБР-м и АСМО-м и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим, СССР-м, Европэм, дуней псом самбэмкIэ я чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Iэрамбий, СССР-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер, дунейпсо категорие зиIэ судья Бабаян Рудольф сымэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Абазэ Аслъэн (кг 98-рэ), Абаев Давид (кг 98-м щIигъухэм), Мамий Аскэр (кг 88-рэ), Гарибян Артур (кг 79-рэ), Соблыр Атмир (кг 71-рэ), Яврумян Саркис (кг 64-рэ), Ирисханов Аслъэнбэч (кг 58-рэ), Лембуров Никитэ (кг 53-рэ) сымэ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм кубокхэм, медалхэм, щIыхь тхылъхэм, саугъэт лъапIэхэм къадэкIуэу, УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ. 
Турнирым и судья нэхъыщхьэу щытар самбэмрэ дзюдомкIэ СССР-м спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Хъуэт Юнусщ.
 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2026 - 12:35

ЩIэуахътыншэри аращ

Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зылI и быну зэщIэтаджэри, бий ерум пэщIэуващ.

12.05.2026 - 09:31

Зэхыхьэм хэт щIалэгъуалэр ди хьэщIэщ

 Мы махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIа­лэгъуалэ форумым и лэ­жьыгъэм пещэ.

12.05.2026 - 09:30

ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ветеран лъапIэхэ!

12.05.2026 - 09:29

НэхъыжьыфIыр щIалэгъуалэм яIуощIэ

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьар зэрыдгъэлъапIэм и щIыхькIэ, тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ УФ-м и тхакIуэхэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиI

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.