Отаров Керим и IэдакъэщIэкIхэр

КъБКъУ-м Отаровым и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэ центрым иджы дыдэ къыщызэрагъэпэщащ «Хэку зауэшхуэр Отаров Керим и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжар» зэпеуэр. Абы щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ягъэлъэпIащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Шэджэм щIыналъэм щыщхэу Хьэзджэрий Шамиль, Таймаскулов Солтан, Табаксоевэ Фаридэ. Ахэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIа нэужь, Отаровым и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм къеджащ, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр балъкъэрыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ щагъэIуащ. 
Балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Хэку зауэшхуэм хэта Отаров Керим (1912 - 1974)  теухуа зэхыхьэм зрагъэхьэлIат КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэтхэм, егъэджакIуэхэм,  студентхэм, усакIуэм и благъэхэм. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ ягъэлъэгъуа тхылъхэмрэ сурэтхэмрэ. Ар ягъэхьэзыращ КъБКъУ-м и библиотекэм и лэжьакIуэхэм. 
Пшыхьым къекIуэлIахэм ягу къагъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм, балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Отаров Керим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэр. 
Отаров Керим Совет Союз псом къыщацIыхуу щытащ. Балъкъэр литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа усакIуэшхуэр Тырныауз къалэм къыщалъхуащ. УсакIуэм и япэ усэ тхылъыр къыдагъэкIащ 1930 гъэм. 1936 гъэм ар хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 1938 гъэм КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI хъуащ. Балъкъэрхэр я щIыналъэм щрагъэIэпхъукIам, и лъэпкъэгъухэм я гъусэу Къыргъызым щыIащ Керим. 1956 гъэм Налшык къигъэзэжа нэужь, «Шуехлукъ» («Дружба») журналым щылэжьащ. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ плъыжь» орденыр. Отаровым и Iэдакъэ къыщIэкIахэр Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэралым и зыужьыныгъэр, гуащIэрыпсэухэм я лэжьыгъэ хьэлэлыр, щIыналъэм и дахагъэр. УсакIуэр куэд щIауэ къытхэмытыжми, абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм зэIэпах. Тырныауз къалэм дэт лицей №I-м хэту мэлажьэ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ музей. Абы щахъумэ усакIуэм и сурэтхэр, дунейм къытехьа и япэ тхылъхэр, къыщIэна хьэпшыпхэр.
Дунейпсо классикэ тхыгъэ нэхъыфIхэр Отаровым балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIащ. Езым ейхэри зэдзэкIауэ щыIэщ. Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ фондымрэ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ фондымрэ медалхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратащ усакIуэм и тхыгъэхэр зэзыдзэкIахэу Латынин Валерэ, Скодтаев Эльбрус, Накостоев Хаваш, Мизиев Къанщобий сымэ. 
Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрым и унафэщI Бетуганов Исмаил пшыхьым хэта, ар зыгъэхьэзыра дэтхэнэми фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ. 
Пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ усакIуэм и зэфIэкIымрэ лъагъуныгъэмрэ тыхь зыхуищIа цIыхубэм ар зэрыщымыгъупщэр зэрыгуапэр, зи усэхэр Урысейм, Азие Курытым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIа Отаровым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм дяпэкIи лъэпкъхэр зэныбжьэгъугъэ быдэрэ мамырыгъэкIэ зэрызэкъуагъэувэнур. Апхуэдэ дыдэуи гуапэщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыхухэр Отаров Керим и усэхэм куэду зэрыщIэупщIэр, гулъытэ зэрыхуащIыр.
«Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыдигъэкIащ Гуреев Максим «Керим Отаров» зыфIища тхылъыр, «Жизнь замечательных людей» серием хыхьэу. ХХ лIэщIыгъуэм Урысейм, и лъэпкъэгъухэм я щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэхэр усакIуэм ядигуэшащ. Революцэ, Хэку зауэшхуэ нэужьым гъащIэщIэр зэраухуар, балъкъэрхэр я щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIар, иужькIэ Хэкум къагъэзэжыну хуит зэращIар, нэгъуэщIхэри абы и усэхэмрэ поэмэхэмрэ къыщигъэлъэгъуэжащ. Балъкъэр литературэм зезыгъэужьахэм ящыщ Отаровым и цIэми и усэхэми Урысейм исхэр щыгъэгъуэзэнымкIэ щхьэпэнущ Гуреев Максим и бжыгъэр минитIым щIигъу хъууэ къыдигъэкIа тхылъыр. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым