УнэтIыныгъэхэм зрагъэхъуэж

Илъэс блэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ цIыкIумрэ (микро) пэрытхэм щыщ IуэхущIапIэу 73-м я мыхьэнэм хагъэхъуащ икIи я лэжьыгъэхэмкIэ зэфIэкI нэхъ лъагэ зиIэхэм яхыхьащ. ЖыпIэнурамэ, IуэхущIапIэ 67-р хьэрычэт IэнатIэ цIыкIум (микро) хэкIри, хьэрычэт IэнатIэ мащIэм кIуащ. Абы нэмыщI, хьэрычэт IэнатIэ цIыкIумрэ мащIэмрэ я IуэхущIапIэ щырыщ хьэрычэт IэнатIэ курытым хыхьащ.

  Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 2023 гъэм зи статусхэр зыхъуэжа IуэхущIапIэхэр 62-рэ хъуауэ щытамэ, нэгъабэ ар 73-м нызэрыхьэсащ. Экспертхэм зэрыжаIамкIэ, я мыхьэнэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ хагъахъуэурэ зы статусым икIыурэ нэгъуэщI статусхэр зэзыгъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я бжыгъэхэм щIыхэхъуэм и щыхьэтщ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ республикэм зыужьыныгъэ зэрыщагъуэтым, ахэр ефIэкIуэнрэ адэкIи заубгъунрэ щхьэкIэ щыIэ Iэмалхэр нэсу зэрылажьэм.

  Къыхэдгъэщынщи, 2019 - 2024 гъэхэм къэралым щыIа «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ жэрдэмыр дэIыгъыныр» лъэпкъ пэхуэщIэм щынэхъыщхьэу щытар а IэнатIэхэм пэрыт IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэнырт. АтIэ, иджы къыхалъхьа,  «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм нэхъыбэу зытригъащIэр щыIэ IуэхущIапIэхэм заужьа зэрыхъунымрэ зэрызаубгъунымрэщ.

          ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.