Налшык и Къэбэрдей уэрамым, «Победа» кинотеатрым и гупэм къит утыкушхуэм деж Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ бэрэжьей пщыхьэщхьэм. Ар хуэгъэпсат ди щIыналъэм къыщыдэкI республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ цIыхухэм Iэ традзэным къыхуеджэным.
Пшыхьым кърихьэлIащ КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр, абы и къуэдзэхэр, «КъБР-Медиа» IуэхущIапIэм и унафэщI Бежан Беслъэн, абы и нэIэм щIэт IэщIагъэлIхэр, «Урысейм и пощт» IэнатIэм ди республикэм щиIэ къудамэм, Налшык къалэ администрацэм я унафэщIхэр, IэщIагъэлIхэр, республикэм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодёжь», «Горянка» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Минги тау», «Литературная Кабардино-Балкария», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм я редактор нэхъыщхьэхэр, абыхэм я щIэджыкIакIуэхэр, къалэдэсхэм ящыщ куэд.
Зи цIэ къитIуа редакцэхэм ящыщ дэтхэнэми игъэхьэзырат я къыдэкIыгъуэхэм ехьэлIа плIанэпэ щхьэхуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Адыгэ псалъэм» къызэригъэпэща стIолым телът газетым и къыдэкIы-гъуэ щхьэхуэхэм, номер зэхэтхэм, напэкIуэцI хэхахэм ящыщ куэд. Апхуэдэуи лъэпкъ газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу дунейм къытехьа «Адыгэ псалъэ - 100» тхылъ купщIафIэр, газетым и «АП» дамыгъэ цIыкIур зытет тетрадхэр, блокнотхэр, ручкэхэр, IэфIыкIэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ахэр щIэджыкIакIуэхэм папщIэ иригъэщIауэ щытащ ди газетым и ныбжьэгъу пэж, хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхь Тхьэкъуахъуэ Iэуес. А псоми яфIэхьэлэмэту щыгъуазэ зыхуащIащ пшыхьым кърихьэлIа куэ-дым.
Зэхуэсыр екIуу, дахэу иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азнор. Пшыхьыр къызэIуихыу абы и мурадымрэ и зэхэлъыкIэмрэ Къэбэрдей уэрамышхуэм щызэхуэса цIыхубэр щыгъуазэ хуищIа нэужь, абы япэу псалъэ иритащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Жыласэ Заурбэч. Ар тепсэлъыхьащ зи пашэ Iэна- тIэм щекIуэкI лэжьыгъэм, адэкIэ къапэщылъ къалэнхэмрэ мурадхэмрэ.
- Ди газетым и лэжьакIуэхэр жэуаплыныгъэ лъагэ яхэлъу я IэнатIэм пэрытщ. Догугъу республикэм щекIуэкI гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ купщIафIэу, екIуу къызэрыдгъэлъэгъуэным, пэжыр зи лъабжьэ хъыбархэр гъэхуауэ, и чэзум ди щIэджыкIакIуэхэм зэраIэрыдгъэхьэным, ди щIыналъэ дахэр зэрыгушхуэ цIыхухэр псоми зэредгъэцIыхуным, - жиIащ Жыласэм. - Илъэси 100-м щIигъуауэ къыдэкI ди газетым и пащхьэ къит къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэщ ди анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр хъумэныр, абыхэм адэкIи зегъэужьыныр, а псоми къытщIэхъуэ щIэблэр щыгъуазэу, фIыуэ ялъагъурэ пщIэ хуащIу, анэбзэр яIурылъу къэгъэтэджыныр. Зэманым дыдэбакъуэу, тхылъымпIэм тету къыдэдгъэкIым щIыгъуу, а мурадхэм иджыпсту худогъэлажьэ электрон къыдэкIыгъуэхэри. Фыкъыхузоджэ лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI ди газетым Iэ тевдзэну. Адыгэ уна-гъуэ къэс - «Адыгэ псалъэ»!
Апхуэдэу купщIафIэу утыкум къыщыпсэлъащ адрей республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ я редактор нэхъыщхьэхэу Бжьахъуэ Ранетэ, Конаков Хьэсэн, Къаныкъуэ Заринэ, Суановэ Залинэ, Мыкъуэжь Анатолэ, Мамыщ Владимир, Додуев Аскэр, Аброкъуэ Бэллэ, Жэрыщты Залинэ, Сабанчиевэ Арипэ сымэ.
Iуэхугъуэ дахэм къриубыдэу уэрам хуитышхуэм щекIуэкIащ цIыху куэд зэкIуэлIа пщыхьэщхьэ жармыкIэ. Апхуэдэуи концерт дахэ ятащ ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэ №1-м и артист ныбжьыщIэхэмрэ уэрэд жыIэнымкIэ «Иоканта» студием и гъэсэнхэмрэ. КъинэмыщIауэ, пшыхьым хэтащ зэпеуэ, викторинэ хьэлэмэтхэри. Ахэр къэзыхьахэм пщIэншэу Iэ хутрадзащ республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ТАМБИЙ Линэ.