ФIагъ лъагэм и дамыгъэр кърат

Урысейм и «ФIагъым и дамыгъэр» 2025 гъэм и накъыгъэм зыхуагъэфэща продукци 9-м я цIэхэр «Роскачест­во»-м иджыблагъэ наIуэ къищIащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абы хыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Агро-Инвест» IуэхущIапIэм «6 соток» фIэщыгъэр зэрихьэу къыщIигъэкI джэш хъурей фIэIугъэр. 

Гу лъывэдгъэтэнщи, Урысейм и «ФIагъым и дамыгъэр» зыхуагъэфащэр ди къэралым къыщыщIагъэкI продукцэхэрщ, абыхэм я фIагъыр зыхуэдэр щыIэ мардэхэм тету къапщыта иужькIэ. Ахэр ГОСТ-м къыщыгъэлъэгъуахэм хуэкIуэу е ефIэкIыу щытын хуейщ. Апхуэдэуи, абыхэм ирахьэлIэ пкъыгъуэхэм е къызыхащIыкIхэм я процент 90-м щIыгъур дыдейуэ, езы IуэхущIапIэр е IэнатIэр УФ-м щылажьэу. 
Иджы «ФIагъым и дамыгъэр» къызэрыратам и щыхьэту «Агро-Инвестым» и продукцэм «Урысейм щащIащ» жиIэу тритхэ хъунущ, къэралым и ныпым и теплъэр къызыхэщ бзу цIыкIум и сурэтыр дэщIыгъуу. Абы нэмыщI, а продукцэхэр хамэ къэралхэм щыпхыгъэкIынымкIэ къэралыр къа­дэIэпыкъунущ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Агро-Инвест» IуэхущIапIэр Ар­уан щIыналъэм щыIэщ икIи пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI теIуэнтIахэр къыщIэгъэкIынымкIэ республикэм щыпашэщ, къэралым щыцIэрыIуэ брендхэм щIэту и продукцэ лIэужьыгъуэ куэдым сату щIыпIэхэм уащрохьэлIэ. 
БАТОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ