Унагъуэр зэпэщмэ, щIэблэри узыншэщ

Зи щэнхабзэмрэ псэкупсэ хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ унагъуэмрэ щIэб­лэмрэ я деж щIыпIэшхуэ щы­зы­мыубыд лъэпкъ щыIэу къыщIэкIынкъым. Унагъуэр зэпэщмэ, щIэблэри узыншэщ. Лъэпкъхэм я дуней лъагъукIэр щIызэфIэувэр щыIэныгъэм теухуауэ илъэс минхэм къыпхаха фIыгъуэхэр къащIэува щIэблэм бгъэдалъхьэжын щхьэкIэщ.

Тхыдэм и дурэшплIэрэшхэм дэкIуэ­дэжыну, лъэужьыншэу щыIэныгъэм хэбзэхыкIыжыну хуейуэ зы лъэпкъи щыIэкъым. Аращ адыгэхэр Адыгэ ХабзэкIэ зэджэ щэнхабзэ къэгъэщIыгъэм хуэдэ лъэпкъхэм щIызэрагъэпэщыр, екIумрэ емыкIумрэ щIаубзыхур, хъунумрэ къемызэгъымрэ ­гъунапкъэ щIыхуагъэувыр. ЦIыхугъэм мардэ иIэщ, цIыхугъэншагъэм нэз зэриIэм хуэдэу. Мис а гъунапкъитIыр зэщымыкIуэтэн, къыдэкIуэтей щIэб­лэри гъуэгу захуэ тетын папщIэщ лIэужь къэс гъащIэм къыпхиха Iэ­пэIэ­сэ­ныгъэм къыкIэлъыкIуэр щIипIыкIыу, иущийуэ, игъасэу щIыщытыр. Апхуэдэ лэжьыгъэм зэпыу иIэкъым.
Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэращ иджыблагъэ Налшык къалэ щызэхэта, зи ныбжь нэмыса сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъу­мэнымкIэ щIыналъэ IуэхущIапIэхэм я Iэ­щIагъэлIхэр щы­зэхуэса «Гупэр унагъуэм хуэгъэзауэ» («Курс на семью») зэхыхьэр зытеу­хуауэ щытари. Апхуэдэ зэIущIэр къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуар КъБР-м сабийхэм я хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Бэд­ракъ Iэминэщ. А гупыжыр абы даIыгъащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэмрэ ­КъБР-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и ми­нис­терст­вэм психиатриемрэ нар­коло­гиемкIэ и хэгъэгу клиникэ цент­рымрэ.
Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIащ ныбжьыщIэхэм щIыналъэхэм щадэлажьэ IэщIагъэлIхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я къуэ­дзэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Зэ­хуэ­сым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Зи ныбжь нэмысахэм я хуитыныгъэр хъу­мэнымкIэ комиссэм и унафэщI Къуэшро­къуэ Залым, КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и ми­нистр Езауэ Анзор, КъБР-м сабийхэм я хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и минис­терст­вэм и лэжьакIуэхэр.
ЗэIущIэр къызэIузыха Бэдракъ Iэми­нэ къыхигъэщащ унагъуэр хъумэ­ным нэхърэ нэхъыщхьэ жылагъуэ лэжьыгъэхэм зэрахэмытыр, абдеж Iуэхур щызэ­темытмэ, сабийм и хуитыныгъэхэр къызэпыуда зэрыхъур, лей къызэрытехьэр.
– ГъащIэр матэщIэдзакъым, фи фIэщ фщIы. ЦIыху къэс, унагъуэ къэс я гъащIэм лъэр щIэзыгъэху, зиу­жьыжыну мыгугъэжу гугъуехь Iэджэ, лъэпощхьэпо куэдым щыIуощIэ. Дэ­хуэхар дгъэмысэу нэхъ­ри едвмыгъэгух, атIэ абы щIэгъэкъуэн дызэрыхуэхъун, зэрыхуа щытыкIэ хьэ­лъэм къы­зэрикIын Iэмал къы­хуэдв­гъэлъыхъуэ. Вакъэ зэв ихуа цIыхур и Iыхь­лыхэм зэхамыщIыкIмэ, апхуэдэхэм гъунэгъу дахуэвгъэхъу, унагъуэхэм я Iуэ­хур зэтегъэувэжыным пыщIа IэщIагъэлI­хэм- рэ лэжьакIуэхэмрэ ар я къалэн ­нэ­хъыщхьэщи, дыщIэлажьэри дыщIы­щы­Iэри аращи. Апхуэдэ къалэныр щызы­хуэд­гъэувыжым, хэгъэгум ис Iэ­щIа­гъэлIхэр дызэкъуэувэну, ди лэ­жьэкIэр зэдгъэуIуну унафэ къэтщтащ. Сабийр къыщыхъуа унагъуэм хуэдэу, гури псэри щигъэтIылъын нэгъуэщI щIыпIэ щыIэкъым. Мис а гупсысэр егъэжьапIэ хуэхъуу мы зэхуэсым еджэныгъэ мардэхэр щIыхэтлъхьар аращ, ди гуп зэгъэуIуам и лэжьыгъэр дунэтIын, зэдэууэ ди IэнатIэр едгъэфIэкIуэн щхьэкIэ. Дунейпсо хабзэхэми, къэрал унафэхэми, игъащIэ лъандэрэ лъэпкъхэм къыддэгъуэгуры­кIуэ щэнхабзэхэми сабийр гъащIэм  ку­рыхыу щагъэув, абыхэм дакъы­щы­жыныр, я хуитыныгъэхэр тхъумэныр, ар унагъуэм гупсэ хуэтщIыныр ди хьэкъщи, абыкIэ щыIэ еплъыкIэхэмрэ есэныгъэхэмкIэ ды­зэдэгуэшэнущ, ди Iуэхум зэрыхэтлъхьэнум иужь дитынущ. Лэжьыгъэ цIыкIу щыIэкъым, псоми мыхьэнэ яIэщ, ар тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным къыщегъэжьауэ сабийм и гукъыдэжыр къэIэтыным нэсыжу. Иужьрей илъэс щэщIым куэд дыдэ тфIэкIуэдащ сабийм и гъэсэныгъэм теухуауэ. ТIэ­щIэкIар дузэхужыныр къалэнышхуэщ. Абыхэм ящыщщ къыдэкIуэтей щIэблэм и гупэр уна­гъуэ лъапIэныгъэхэм хуэгъэзэжыныр. Унагъуэмрэ лъэпкъымкIэ зэхэщIыкI зимыIэм фIэкIуэдыр и лъэп­къыщхьэм и закъуэкъым, абы IэщIокI хэгъэгури. Сыщогугъ ди зэ­хуэсым къыщыхэтлъ­хьэну Iуэхугъуэхэр ди мурадхэм ятелэжьэну, дызыхуейр къыддэхъуну, – жиIащ Бэдракъ Iэминэ.
Езауэ Анзор къыщыпсалъэм къы­хигъэ­щащ зэIущIэр псалъэ ды­гъэл­хэм щIэ­рыщIэу къатегъэзэжыным зэ­рытемыухуар, атIэ цIыхубэр зыгъэ­пIейтей Iуэху­гъуэшхуэхэм зэрыхуха-хар.
– Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди лэжьыгъэм нэхъапэ дыдэу хэтыр сабийм и хуитыныгъэхэрауэ зэрыщытыр. Абы и хуитыныгъэхэм я нэхъыщхьэри уна­гъуэ иIэнырщ. Псоми къагурыIуэн ­хуейщ – унагъуэ зиIэ сабиймрэ абы щызекIуэ IэфIагъыр зыхэзымыщIэмрэ я Iуэхур зэщхькъым. Дэ ди нэIэ ятетщ жытIэу ди лэжьыгъэр кIэлъыплъ къущым хуэдгъэкIуэж­мэ, зыри дымыщIауэ аращ, зыри зэдмыгъэхъулIауэ аращ. Дэ ди къалэныр сабийм и гугъуехьыр щы­зыгъэп­сынщIэ, абы и дунейр нэхъыфI зыщI Iэмалхэр къызэдгъэпэщынырщ. Махуэ къэс зэмыщхь защIэу щытыкIэ куэдым фарохьэлIэ. А псом Iэмалыншэу зэтехуэ, зы жыпхъэм ибгъэувэ хъуну къэхъугъэхэр къахокI. АбыкIэ фызэдэгуа­шэмэ, зы унэтIыныгъэ пыухыкIа зэдэвубзыхумэ, лэжьыгъэ хьэлъэм зы тыншыгъуэ гуэри къыфхуихьынкIэ ­хъунущ – зы лъэныкъуэкIэ, ауэ, нэ­хъыщ­хьэу, сабийм и Iуэхур зэтес ищIыфынущ – нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ.
- КъытщIэхъуэ щIэблэр дывгъэхъу­мэ, едгъэкIуэкI лэжьыгъэр щIэдгъэ­хуабжьэ къудейм къыщымыувыIэу, едвгъэгъэфIакIуэ. УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур. Ди сабийхэм едгъэ­лъагъу дахагъэращ пщэдейрей махуэхэр зыгъэдэхэнур. Псалъэ гъущэхэр къэд­вгъэгъани, гумрэ псэмрэ едвгъэ­хьэлIэ. Хамэ сабий щыIэкъым, псори дыдейщ, ди къэкIуэну махуэхэри абыхэм ятеухуащ. ЩIэблэ узыншэ зимы­Iэм къэкIуэн иIэкъым. Къы­зэгъэпэ­ща­кIуэхэми зэIущIэр зи жэрдэмщIакIуэ­хэми фIыщIэ яхузощI, мыхьэнэшхуэ зиIэщ зи ужь фихьари, къывэхъулIэ-мэ, зэрыхэгъэгуу къыдэхъулIауэ жы­пIэ ­хъунущ, – жиIащ Къуэшрокъуэ Залым.
Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм сабийхэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэр хъумэ­нымкIэ и комиссэм и лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и уна­фэщI Курдановэ Людмилэ, къулыкъу­щIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ