КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Отаров Мыхъутаррэ Тырныауз къалэм и администрацэм и унафэщI Афашоков Азэмэтрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, щIыналъэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.
Щхьэхуэу зэпкърахащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм къащыпэщыт къалэнхэм, унагъуэхэр, IуэхущIапIэхэр хуабэкIэ къызэгъэпэщыным, щIыпIэхэр къабзэу зехьэным пыщIа Iуэхухэм.
Псэуныгъэм ехьэлIа IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу илъэс кIуам Тырныауз щызэрахъуэкIащ псы зэрыкIуэ бжьамийуэ километри 5,6-рэ, ирагъэжьащ псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр, Азау хуеймрэ Эльбрус къуажэмрэ яку дэлъ коллекторыр зэрагъэпэщыжащ.
Социальнэ IэнатIэм щызэфIагъэкIахэм я гугъу пщIымэ, Тырныауз къалэм дэт курыт школымрэ сабий гъэсапIэмрэ, ЛашкIутIэ и еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ, Эльбрус щаухуащ ЩэнхабзэмкIэ унэрэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж комплексрэ, Тырныауз къыщызэIуахащ щIалэгъуалэ центр, сабий библиотекэр ирагъэфIэкIуащ, Эльбрусскэ уэрамым и лъэс зекIуапIэр зыхуей хуагъэзащ. ЩIыналъэм псори зэхэту мардэхэм къыщрагъэтIэсащ гъуэгу километр 25-м щIигъу.
2024 гъэм щIадзауэ зэрагъэпэщыж Олимп джэгухэм хэтыфыну гугъэ уэзыгъэщIхэм щадэлажьэ спорт еджапIэр, ТворчествэмкIэ центру Мокаев М. Хь. и цIэр зезыхьэр, апхуэдэуи Терскол еджапIэщIэ щаухуэ.
КъищынэмыщIауэ, нейтриннэ обсерваторэм хуэкIуэ гъуэгур сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Гундэлэн, ЛашкIутIэ жылэхэр псыкIэ къызэрызэрагъэпэщыр ирагъэфIэкIуэну, Былым къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и гупэм деж иIэ щIыпIэр зэIузэпэщ ящIыну, Гундэлэн цIыкIуищэ зыщIэхуэну сабий сад щаухуэну я мурадщ.
«А псори хуэунэтIащ щIыналъэм иджырей зэманым екIу инфраструктурэ къыщызэгъэпэщыным, абы исхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным. Си фIэщ мэхъу муниципалитетым иригъэжьа лэжьыгъэхэр тэмэму зэрызэфIигъэкIынур икIи Iуащхьэмахуэ щIыналъэм адэкIи зегъэужьыным и къарур зэрырихьэлIэнур», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.