Туризмэм ич лъэбакъуэщIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр. 

ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ къудамэр зэлэжь унэтIыныгъэхэм, къыхалъхьа инвестицэхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм, Налшык дэт зыгъэпсэхупIэхэм псы хущхъуэ ­къезышалIэ бжьамийхэр зэхъуэкIын, узыншагъэр езыгъэфIакIуэ зекIуэхэр къызэгъэпэщын зэрыхуейм, туризмэм егъэ­щIылIа инфраструктурэм республикэм 2035 гъэ пщIондэ щигъуэтыпхъэ зыужьыныгъэм.  
Iэтащхьэмрэ министрымрэ нэхъ уб­гъуауэ тепсэлъыхьащ туризмэм щы­лажьэ псоми я щIэныгъэм хагъэхъуэн зэрыхуейм, иджы­рей гъэхьэщIэкIэ Iэмалхэм зрагъэузэщIын папщIэ, къэралым IэщIагъэлI нэхъыфIу исхэр къы­зэрешэлIапхъэм. 
Иужьрей илъэситхум республикэм ­хъа­рзынэу туризмэм зыщиужьащ. Бжыгъэрыбжэхэм къызэратымкIэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ накъыгъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым турист мин 700-м зыщагъэпсэхуащ. Илъэс блэкIам елъытауэ, ар процент 14-кIэ нэхъыбэщ. Туризмэм къызэщIиубыдэ щIы­пIэхэми заубгъуащ. Республикэр йолэжь «Туризмэмрэ гъэхьэщIэнымрэ» проектым хиубыдэу, инвестицэ зыхалъ­хьэ IуэхущIэхэм зезыгъэубгъу программэм ипкъ иткIэ яухуэ, зи щIыпIэр ­пхъуэж хъу модуль ухуэныгъэхэм. УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къабыл ищIащ апхуэдэ проект 35-рэ. Къэрал бюджетым къыхэкIыу, а Iуэхум 2025 - 2027 гъэхэм къриубыдэу къы­хуаутIыпщынущ сом мелуан 740-м нэс. Лэжьыгъэм къриубыдэу номер 500 яутIыпщыфыну щогугъ. 
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ туризм къудамэр хабзэм къемызэгъ Iуэху щыземыкIуэу къызэрызэгъэпэщыпхъэм. Министерствэр мы илъэсым щегъэжьауэ туристхэр зыщIагъэтIысхьэ унэхэми, абыхэм зезыгъэплъыхь инструкторхэми я лэжьыгъэм кIэлъыплъыну хуитщ. Ар къызыхэкIыр туристхэм я шынагъуэншагъэр нэхъыфIу зэгъэпэща хъун папщIэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIэуэ зэувэлIэну унэтIыныгъэхэм ящыщщ блог-турхэр къы­зэгъэпэщыныр, къэралым щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэ-форумхэм хэтыныр, езы республикэм цIыхушхуэ зэкIуалIэ зэIущIэхэр щегъэкIуэкIыныр. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.