Дубай кIуэнухэр

Мэзкуу областым щыIэ Домодедовэ къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я спортсмен 200-м щIигъу икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм, нэгъаби хуэдэу, гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ.

Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Хьэвэящхьэ Елдар (кг 65-рэ), Хьэсанэ Мурат (кг 85-рэ), Урыс Мухьэмэд (кг 85-рэ) сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ Бейтыгъуэн Анзоррэ (кг 85-рэ) ДыщэкI Муратрэ (кг 85-рэ).  Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ щыхъуащ Къуэдзокъуэ Марат.

Иджы ди щIалэхэм къапэщылъщ мы гъэм жэпуэгъуэм и 31-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 3 пщIондэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я Дубай къалэм щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.

Командэм дэлажьэр Бейтыгъуэн Руслан, Тхьэщыгъуей Анзор, Хьэщыкъуей Артур сымэщ.

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.03.2026 - 09:12

Республикэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну щIыпIэщ

«Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэ къы­зэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

06.03.2026 - 09:10

Хабзэм ебакъуэ къахэмы­кIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм щIэту екIуэ­кIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ зыубгъуа.

06.03.2026 - 09:03

ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI.

06.03.2026 - 09:03

Пщащэ набдзэгубдзаплъэ

«Школа без опасности» ассоциацэм и СРО-м и президент Саминский Сергей Бэч Рузанэ къыхуигъэфэщащ фIыщIэ тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ. Ар къыпэкIуащ и къалэнхэр нэсу, набдзэгубдзаплъэу зэрырихьэкIым.

06.03.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэр зэщIагъэуIэ

Урыс географие зэгухьэныгъэм и «ЩIыуэпс шынагъуэншэ» проект хэхам хэтхэмрэ студентхэмрэ зэхуэзащ.