КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм ядригъэкIуэкIащ абыхэм нэхъ пасэу ярита пщэрылъхэр зэрагъэзащIэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «къэпщытэныгъэ сыхьэт» мардэм иту Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ щIыналъэхэмрэ къа­лэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэта зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ езыр жылэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыкIуам щIы­пIэхэм икIэщIыпIэкIэ щызэфIэгъэ­кIын хуейуэ къилъыта къалэнхэмрэ пщэрылъ ящищIахэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Зэхуэсым къызэрыщыхагъэщамкIэ, къагъэнэIуа гугъуехьхэм ящыщ зыбжанэм хэкIыпIэхэр къыхуагъуэтащ. Псалъэм папщIэ, хэпщIыкIыу щIагъэхуэбжьащ муниципальнэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэгъэза лэжьыгъэр, Iэтащхьэм пщэрылъ къазэрыщи­щIам ипкъ иткIэ республикэ бюджетым къыхаха мылъкукIэ ирагъэкIуэкIыр, апхуэдэуи щIадзэжауэ и кIэм нагъэсыж Прохладнэ къалэм щаухуэ спорт-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыр ухуэныр, 2020 гъэм тещIыхьа «Къуажэ щIыналъэхэм зэдэууэ зегъэужьын» къэрал программэм хагъэхьащ Май ­къалэм фIей щIэжыпIэхэр щыухуэныр.
Апхуэдэу щытми, республикэм и Уна­фэщIым къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ ягъэува къалэн псоми унафэ ­зэ­рытрамыщIыхьам: «Пщэрылъхэм ящыщ­ Iыхьэм адэкIи ди нэIэ ятедгъэтын хуей мэхъу. Абыхэм ятеухуауэ дэ къытIэрыхьа хъыбарым Iэмал къыдитыркъым Iуэхур зэфIэкIауэ къэтлъытэну. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы утехъуэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ ­къалэныр зэфIэгъэкIа хъуакъым. Iуэхур зэрызэфIэкIар абы кърикIуам наIуэ ­къищIу щытын хуейщ. Къыщыхъу щы­Iэщ гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ щIыпIэ администрацэхэмрэ тэ­мэму щызэдэмылажьэ - Iэмал имыIэу Iуэхум псори зэдегугъун хуейщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и Iэтащхьэм дыщIигъуащ зы­хуэфащэ къэрал программэхэмрэ проектхэмрэ цIыхухэм я псэукIэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэхэр ухуэныр е зэгъэпэщыжыныр хагъэхьэн папщIэ проект-сметэ тхылъхэр гъэхьэзырынми гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр. ЩIыпIэ администрацэхэм я мылъкур мыбде­жым щахуримыкъур нэхъыбэщ. КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и Правитель­ствэм пщэрылъ щищIащ 2020 гъэм мы IуэхумкIэ муниципалитетхэм зэрызащIигъэкъуэн Iэмал къигъуэтыну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)