ПлIыми медаль зырыз къахь![]() Спортсмен, лIыхъужьыгъэ зэрихьэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда Магомедов Абдурэхьмэн и фэеплъу тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ щекIуэкIащ. Апхуэдэу Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэм я 5-нэ спартакиадэу мы гъэм зэхашэну къызэрыхах зэIущIэхэм я езанэ Iыхьэу щытащ ар. Абы щызэпеуащ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










