Елъкъаныр нэхъ лъэщщ

«Спортыр наркотикхэм я бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту КъБР-м и Кубокыр шахмат «псынщIэмкIэ» къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Каисса» уардэунэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди республикэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я спортсмен 55-рэ. 
Япэ увыпIэр иубыдащ налшыкдэс Елъкъан Давид, къыхуэхьыну щыта очкои 9-м щыщу 8 иIэу. Очко ныкъуэкIэ абы къыкIэрыхуащ Зеикъуэ къуажэм щыщ Щомахуэ Резуан. Ещанэ увыпIэр къихьащ Нартокъуэ Вячеслав (Налшык къалэ).
Прохладнэдэс, зи ныбжьыр илъэс 7I-рэ хъу Вулах Валерэ иригъэкIуэкIа зэIущIэхэм зэи къыщыхамыгъащIауэ зэпеуэм еплIанэ щыхъуащ, очкоиплI иIэу. Апхуэдэуи къыхэжаныкIахэм яхэтщ Джэдгъэф Чэмалрэ (Зеикъуэ) Темыркъан Давидрэ (Налшык).
Шахматистхэм я зэхьэзэхуэм саугъэт щхьэхуэхэри щагъэуват. Ветеранхэм я саугъэтыр Щэуей Iэниуар иратащ, ныбжьыщIэхэм яйр – Токъуий Валерэ, щIалэ цIыкIухэм – Тедеев Максим (Владикавказ), хъыджэбз цIыкIухэм – Ахматовэ Iэминэ (Налшык). 
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.