Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и щIыналъэхэм я спортсмени 120-рэ, псори зэхэту командэ 13 хъууэ. Зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ.
Илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэм я зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Бишорт Идар, Щэрдан Самир, Ульбашев Темырлан, Бекъан Руслан, Жыгун Темырлан, ШэрыIужь Уэлий, Iэрэмысэ Ахьмэд сымэ.
Ахъей Астемыр, Къуэныкъуей Чэрим, Щэрдан Къантемыр, Лу Арсен, Бетрожь Темырлан, Сасыкъ Ислъам, Атэбий Ислъам сымэ щытекIуащ илъэс 16 - 17 зи ныбжьхэм я зэпеуэхэм.
Абы нэмыщI, илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэм я деж техникэ нэхъыфI зиIэу къыщалъытар ШэрыIужь Уэлийщ, илъэс 16 - 17 хъухэм я деж апхуэдэ щIыхьыр къыхуагъэфэщащ Къуэныкъуей Чэрим. ЗэIущIэм хухаха зэманым щыщу текIуэн папщIэ нэхъ мащIэ дыдэ къэзыгъэсэбэпар Рамазанов Рэмэзанщ. Атэбий Ислъамрэ Тхьэзэплъыж Темырланрэ зэдрагъэкIуэкIа зэIущIэр псом нэхърэ нэхъ удэзыхьэхыу щытауэ къалъытащ. Призер хъуахэм щыщу нэхъ щIалэ дыдэу къабжар Тэмазэ Залымщ.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Шэджэм щIыналъэ администрацэм, КъБР-м Зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ и федерацэм, Лашынкъей къуажэ администрацэм, Лашынкъей къуажэм и спорт еджапIэм, Къуэныкъуейхэ я лъэпкъым.
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.